щӀэхужын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(щӀехуж)
1. ЗалымыгъэкӀэ зыгуэр зыщӀыпӀэ щӀэгъэкӀыжын.
ЩӀихужауэ щыта щхьэгъэрытхэр къыщӀишэжри, тӀур си гъусэу нэкӀуэну унафэ ищӀри, адрейхэр зэбригъэкӀащ, пщыӀэ къалэр къазэщӀаӀэтэу сэ зэрыжысӀам хуэдэу зэрызехьэну, мафӀэшхуэхэр лъагапӀэхэм тращӀыхьыну, къалэм дэсхэм къалъагъун хуэдэу.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 405
2. ЗыщӀыпӀэ (п.п. еджапӀэм) щӀэгъэкӀыжын, щӀэдзыжын.
Ӏэщэм уриджэгу зэрымыхъунур, еджакӀуэр кӀэрахъуэ зэрыхуэмейр [Алий] къагуригъаӀуэ дэнэ къэна, игъэшынащ кӀэрахъуэ зезыхьэр школым щӀихужыну, я адэ-анэм я дежи кӀуэуэ я щӀалэр интернатым щӀыщӀихужар яжриӀэну.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531
Kitapta geçtiği hali
ЩӀЭХУЖЫН (щӀехуж) лъэӀ. (2). 1. (1). ЗалымыгъэкӀэ зыгуэр зыщӀыпӀэ щӀэгъэкӀыжын. ЩӀихужауэ щыта щхьэгъэрытхэр къыщӀишэжри, тӀур си гъусэу нэкӀуэну унафэ ищӀри, адрейхэр зэбригъэкӀащ, пщыӀэ къалэр къазэщӀаӀэтэу сэ зэрыжысӀам хуэдэу зэрызехьэну, мафӀэшхуэхэр лъагапӀэхэм тращӀыхьыну, къалэм дэсхэм къалъагъун хуэдэу. ХьэщӀэ лъапӀэ, 405. 2. (1). зэхь. ЗыщӀыпӀэ (п.п. еджапӀэм) щӀэгъэкӀыжын, щӀэдзыжын. Ӏэщэм уриджэгу зэрымыхъунур, еджакӀуэр кӀэрахъуэ зэрыхуэмейр [Алий] къагуригъаӀуэ дэнэ къэна, игъэшынащ кӀэрахъуэ зезыхьэр школым щӀихужыну, я адэ-анэм я дежи кӀуэуэ я щӀалэр интернатым щӀыщӀихужар яжриӀэну. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531.