щӀэуфэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ТЕБЗЭН (тыребзэ/требзэ); телъхьан/ телъхьэн (тырелъхьа/трелъхьэ); техъон/тепхъуэн (тыерхъо/трепхъуэ); чӀэбзэн/щӀэбзэн (чӀебзэ/ щӀебзэ); чӀэухъумэн/ щӀэуфэн (чӀеухъумэ/щӀеуфэ); KAPLAMAK
чӀэухъумэн/щӀэуфэн → ТЕБЗЭН; KAPLAMAK (üstünü/üzerini ~), GÖMMEK
щӀэуфэн/чӀэухъумэн → ТЕБЗЭН; KAPLAMAK
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: тебзэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(щӀеуфэ)
1. КъыщӀэмыщу зыгуэр уфэн, щӀэхъумэн.
рунакрыть, прикрыть, закрыть кого-что-л. чем-л.
Уи гъусэр егъэпсыхи модэ бо шхалъэм тшэнщи щӀэдуфэнщ.— ӀуэрыӀуатэ
2. БзыщӀын, зыгуэрым щыгъэпщкӀун.
рускрыть, утаить что-л.
МыхъумыщӀагъэр щӀэуфэн.
Kitapta geçtiği hali
щӀэуфэн (щӀеуфэ) перех. гл. 1. накрыть, прикрыть, закрыть кого-что-л. чем-л. / КъыщӀэмыщу зыгуэр уфэн, щӀэхъумэн. * Уи гъусэр егъэпсыхи модэ бо шхалъэм тшэнщи щӀэдуфэнщ. фольк. 2. переносное скрыть, утаить что-л. / БзыщӀын, зыгуэрым щыгъэпщкӀун. МыхъумыщӀагъэр щӀэуфэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(щӀеуфэ)
КъыщӀэмыщу зыгуэр щӀэхъумэн, ищхьэкӀэ телъхьэн.
Бэлацэ къэп къомыр фӀыуэ мэкъу фамкӀэ щӀиуфэри, къежьэжащ, модрей щӀалитӀри гъуей мэзым хыхьэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 299
+2 örnek
Шыгу зэщӀэщӀар нэхущым фермэм тету япэ къэушам щилъагъум, къакӀуэрэ еплъмэ – шыгухур мэжей, кӀадитӀи мэкъукӀэ щӀэуфауэ итщи, къыщӀощ.— Къалэн, 428
Сыдыгъэ нуру сытепсэнут Пшэ кӀыфӀхэм къэсри щӀауфащ.— Жылэр кӀуэдакъым. «Мес къэкӀыгъэр… Батырыбжьэ», 74
Kitapta geçtiği hali
ЩӀЭУФЭН (щӀеуфэ) лъэӀ. (12). КъыщӀэмыщу зыгуэр щӀэхъумэн, ищхьэкӀэ телъхьэн. Бэлацэ къэп къомыр фӀыуэ мэкъу фамкӀэ щӀиуфэри, къежьэжащ, модрей щӀалитӀри гъуей мэзым хыхьэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 299. Шыгу зэщӀэщӀар нэхущым фермэм тету япэ къэушам щилъагъум, къакӀуэрэ еплъмэ – шыгухур мэжей, кӀадитӀи мэкъукӀэ щӀэуфауэ итщи, къыщӀощ. Къалэн, 428. Сыдыгъэ нуру сытепсэнут Пшэ кӀыфӀхэм къэсри щӀауфащ. Жылэр кӀуэдакъым. Мес къэкӀыгъэр… «Батырыбжьэ», 74.