щӀэубыдэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(щӀеубыдэ)
1. Зыгуэр зыщӀыпӀэ щӀэгъэхьауэ къыщӀэмыгъэкӀын.
рузапереть кого-что-л. где-л.
Джэд закъуэр джэдэщым щӀэдубыдэри кӀэцӀым-кӀэцӀыурэ щӀэз хъуащ.— ӀуэрыӀуатэ
2. ТеуфэракӀэу, теджалэу зыгуэрым и щӀагъ зыгуэр къыщӀэнэн.
рупридавить кого-что-л.
Хъуэжэ и бгым напэӀэлъэщӀ щӀэпхати, Ӏэжьэ щхьэнтэм фӀэнэри, Ӏэжьэм Хъуэжэ щӀиубыдащ.— Хъуэжэ и таурыхъыщэ
3. КъыщӀэмыщыжу зыгуэрым щӀиуфэн, щӀихъумэн.
рупокрыть что-л. (напр. о снеге)
Псыр щӀеубыдэ мыл Ӏув щӀагъым.— Елгъэр Кашиф
4. ТкӀуаткӀуэ къыпыжым е къежэхым зыгуэр щӀэӀыгъэн.
рудержать что-л. под чем-л. (напр. ведро под струей)
Псым пэгун щӀэубыдэн.
Bu maddedeki ifadeler (1)
гур щӀэубыдэн
Еплъ: гу
Kitapta geçtiği hali
щӀэубыдэн (щӀеубыдэ) перех. гл. 1. запереть кого-что-л. где-л. / Зыгуэр зыщӀыпӀэ щӀэгъэхьауэ къыщӀэмыгъэкӀын. * Джэд закъуэр джэдэщым щӀэдубыдэри кӀэцӀым-кӀэцӀыурэ щӀэз хъуащ. фольк. 2. придавить кого-что-л. / ТеуфэракӀэу, теджалэу зыгуэрым и щӀагъ зыгуэр къыщӀэнэн. * Хъуэжэ и бгым напэӀэлъэщӀ щӀэпхати, Ӏэжьэ щхьэнтэм фӀэнэри, Ӏэжьэм Хъуэжэ щӀиубыдащ. Хъу. и таур. 3. покрыть что-л. (напр. о снеге) / КъыщӀэмыщыжу зыгуэрым щӀиуфэн, щӀихъумэн. * Псыр щӀеубыдэ мыл Ӏув щӀагъым. Е. К. 4. держать что-л. под чем-л. (напр. ведро под струей) / ТкӀуаткӀуэ къыпыжым е къежэхым зыгуэр щӀэӀыгъэн. Псым пэгун щӀэубыдэн. Гур щӀэубыдэн см. гу II.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(щӀеубыдэ)
1. Зыгуэр зыщӀыпӀэ щӀэгъэхьауэ къыщӀэмыгъэкӀын.
Елдар и Ӏуэхур нэгъуэщӀу къекӀуэкӀати, Нурхьэлий тхьэмыщкӀэр гуэщым щӀаубыдауэ щӀэсу Елдар къыщищӀэм, Астемыррэ Степан Ильичрэ яжриӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 256
+1 örnek
Якъуб ежьа иужь капитаным и унафэкӀэ къыщӀашщ щӀыунэм щӀаубыдауэ щытари КъалэжькӀэ зэджэ быдапӀэм щӀадзащ.— Нал къута, 294
2. ТеуфэракӀэу, теджалэу зыгуэрым и щӀагъ зыгуэр къыщӀэнэн.
Абдеж дыдэм бомбэ къехуэхыу хуежьэри Иринэрэ Апчарэрэ кумбым ипкӀащ, щӀыунэ сыт хуэдэхэм нэхърэ кумб куур нэхъыфӀт, унэр къауэмэ, ущӀиубыдэнукъым.— Нал къута, 280
+1 örnek
ЩӀыунэр къелат, и щӀыхьэпӀэри чырбыш къутахуэм щӀиубыдауэ.— Нал къута, 281
3. КъыщӀэмыщыжу зыгуэрым щӀиуфэн, щӀихъумэн (уэсым).
[Къыдырым псэущхьэхэм хуэгъэзауэ:] ЩӀымахуэр къихьэрэ псори уэсым щӀиубыда нэужь, щӀы щтар лъабжьанэкӀэ уигъэвэнщ, укъэмэжэлӀа нэужь.— Кхъухь пхэнж, 503
Kitapta geçtiği hali
ЩӀЭУБЫДЭН (щӀеубыдэ) лъэӀ. (5). 1. (2). Зыгуэр зыщӀыпӀэ щӀэгъэхьауэ къыщӀэмыгъэкӀын. Елдар и Ӏуэхур нэгъуэщӀу къекӀуэкӀати, Нурхьэлий тхьэмыщкӀэр гуэщым щӀаубыдауэ щӀэсу Елдар къыщищӀэм, Астемыррэ Степан Ильичрэ яжриӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 256. Якъуб ежьа иужь капитаным и унафэкӀэ къыщӀашщ щӀыунэм щӀаубыдауэ щытари КъалэжькӀэ зэджэ быдапӀэм щӀадзащ. Нал къута, 294. 2. (2). ТеуфэракӀэу, теджалэу зыгуэрым и щӀагъ зыгуэр къыщӀэнэн. Абдеж дыдэм бомбэ къехуэхыу хуежьэри Иринэрэ Апчарэрэ кумбым ипкӀащ, щӀыунэ сыт хуэдэхэм нэхърэ кумб куур нэхъыфӀт, унэр къауэмэ, ущӀиубыдэнукъым. Нал къута, 280. ЩӀыунэр къелат, и щӀыхьэпӀэри чырбыш къутахуэм щӀиубыдауэ. Нал къута, 281. 3. (1). КъыщӀэмыщыжу зыгуэрым щӀиуфэн, щӀихъумэн (уэсым). [Къыдырым псэущхьэхэм хуэгъэзауэ:] ЩӀымахуэр къихьэрэ псори уэсым щӀиубыда нэужь, щӀы щтар лъабжьанэкӀэ уигъэвэнщ, укъэмэжэлӀа нэужь. Кхъухь пхэнж, 503.