щӀэпщхьэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
чӀэпшыхьэн/щӀэпщхьэн (чӀэпшыхьэ/ щӀопщхьэ); GİRMEK (sürünerek altına ~)
щӀэпщхьэн/чӀэпшыхьэн; GİRMEK (sürünerek altına ~)
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(щӀопщхьэ)
1. Упщыурэ зыщӀыпӀэ щӀыхьэн.
руподлезть подо что-л., влезть куда-л. (в помещение)
Кхъуэр мэкъу щӀэуфэм щӀэпщхьащ.— Дыщэ кӀанэ
2. Урамыджауэ, яфӀэмыфӀу зыщӀыпӀэ щӀыхьэн.
рупросторечие влезть, войти куда-л. бесцеремонно
Kitapta geçtiği hali
щӀэпщхьэн (щӀопщхьэ) неперех. гл. 1. подлезть подо что-л., влезть куда-л. (в помещение) / Упщыурэ зыщӀыпӀэ щӀыхьэн. * Кхъуэр мэкъу щӀэуфэм щӀэпщхьащ. Дыщэ кӀ. 2. просторечие влезть, войти куда-л. бесцеремонно / Урамыджауэ, яфӀэмыфӀу зыщӀыпӀэ щӀыхьэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(щӀопщхьэ)
1. Упщурэ зыщӀыпӀэ щӀэкӀуэтэн.
Жэщыр бгъуэнщӀагъым щӀэпщхьауэ И пӀалъэм пэплъэу мэжей— Нэхущ. «Дамыгъэ», 225
+2 örnek
Уафэгъуагъуэ уэшхышхуэ къыщешхым къуажэр умылъагъуу кӀыфӀ хъуат, уэшх Ӏэуэлъауэм фӀэкӀа зыри зэхыумыхыу, джэд, къаз, хьэ сыт хуэдэхэри гъущапӀэ гуэрым щӀэпщхьауэ щӀэст, жьыбгъэр жыг хадэм илъэдауэ мыӀэрысэ цӀынэр къыпигъэлъэлъырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 50
Хьэтэлий зытеса клеткэм къелъэтэхыу вагон щӀагъым щӀэмыпщхьэу хъуакъым, и гъуэншэдж тӀэкӀур ихъуэжу и уӀэгъэри ипхэн щхьэкӀэ.— Нал къута, 218
2. Урамыджауэ, яфӀэмыфӀу зыщӀыпӀэ щӀыхьэн.
Тембот зытегузэвыхьыр нэгъуэщӀт: Нурхьэлий и унэм Ӏэщэ сыт щигъэпщкӀуати, сымыщӀэу зыгуэр щӀэпщхьэрэ къищтэмэ, жиӀэрти кӀэлъыплъ зэпытт, уеблэмэ жэщым къэтэджу щыплъэ щыӀэт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 305
+1 örnek
Провокаторышхуэ хъуат езыри [Псэун], – ямыгъэӀэпхъуэу губгъуэм къина Ӏэщхэм щыщ къихурти, жэщ ныкъуэм нэхъ шэч зыхуищӀ унагъуэм ирихулӀэрт, езыр унэм яфӀыщӀэпщхьэурэ щӀэупщӀэрт: – Ей, танэ фыхуей?— Къалэн, 434
Kitapta geçtiği hali
ЩӀЭПЩХЬЭН (щӀопщхьэ) лъэмыӀ. (14). 1. (12). Упщурэ зыщӀыпӀэ щӀэкӀуэтэн. Жэщыр бгъуэнщӀагъым щӀэпщхьауэ И пӀалъэм пэплъэу мэжей. Нэхущ. «Дамыгъэ», 225. Уафэгъуагъуэ уэшхышхуэ къыщешхым къуажэр умылъагъуу кӀыфӀ хъуат, уэшх Ӏэуэлъауэм фӀэкӀа зыри зэхыумыхыу, джэд, къаз, хьэ сыт хуэдэхэри гъущапӀэ гуэрым щӀэпщхьауэ щӀэст, жьыбгъэр жыг хадэм илъэдауэ мыӀэрысэ цӀынэр къыпигъэлъэлъырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 50. Хьэтэлий зытеса клеткэм къелъэтэхыу вагон щӀагъым щӀэмыпщхьэу хъуакъым, и гъуэншэдж тӀэкӀур ихъуэжу и уӀэгъэри ипхэн щхьэкӀэ. Нал къута, 218. 2. (2). къызэр. Урамыджауэ, яфӀэмыфӀу зыщӀыпӀэ щӀыхьэн. Тембот зытегузэвыхьыр нэгъуэщӀт: Нурхьэлий и унэм Ӏэщэ сыт щигъэпщкӀуати, сымыщӀэу зыгуэр щӀэпщхьэрэ къищтэмэ, жиӀэрти кӀэлъыплъ зэпытт, уеблэмэ жэщым къэтэджу щыплъэ щыӀэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 305. Провокаторышхуэ хъуат езыри [Псэун], – ямыгъэӀэпхъуэу губгъуэм къина Ӏэщхэм щыщ къихурти, жэщ ныкъуэм нэхъ шэч зыхуищӀ унагъуэм ирихулӀэрт, езыр унэм яфӀыщӀэпщхьэурэ щӀэупщӀэрт: – Ей, танэ фыхуей? Къалэн, 434.