щӀэпхъуэжын
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
хэхьэжьын/хыхьэжын, (хэхьэжьы/хохьэж); хэлъэдэжьын (хэлъэдэжьы); щӀэпхъуэн (щӀопхъуэ); щӀэпхъуэжын (щӀопхъуэж); FİRAR ETMEK, KAÇMAK
щӀэпхъуэжын, щӀэпхъуэн, кӀитхъун → хэхьэжьын; KAÇMAK, FİRAR ETMEK
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: хэхьэжьын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(щӀопхъуэж)
1. ЖэрыгъэкӀэ ежьэжын, кӀуэсэн.
руубежать, сбежать откуда-л.
НэгъуэщӀ уӀэгъэ щыӀэмэ къигъуэтыну хьэри щӀэпхъуэжащ.— Пщынокъуэ Абдул
2. Шынэм къыхэкӀыу бийм пӀащӀэгъуэкӀэ пэщӀэкӀуэтыжын.
рудезертировать
Kitapta geçtiği hali
щӀэпхъуэжын (щӀопхъуэж) неперех. гл. 1. убежать, сбежать откуда-л. / ЖэрыгъэкӀэ ежьэжын, кӀуэсэн. * НэгъуэщӀ уӀэгъэ щыӀэмэ къигъуэтыну хьэри щӀэпхъуэжащ. Пщ. А. 2. дезертировать / Шынэм къыхэкӀыу бийм пӀащӀэгъуэкӀэ пэщӀэкӀуэтыжын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(щӀопхъуэж)
1. ЖэрыгъэкӀэ ежьэжын, кӀуэсэн.
А лӀым и макъыр зэрызэхахыу, сабийхэр щӀэпхъуэжащ, Астемыр къамэ къихар иӀыгъыу къагъанэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 182
+2 örnek
И щӀакӀуэ фӀыцӀэр ешыхьыжри Жэщыр щэху цӀыкӀуу щӀопхъуэж.— Нэхущ. «Дамыгъэ», 225
ЩӀалэ цӀыкӀум едэхащӀэу и пэр къиубыдыну епхъуати, Тембот зыӀэщӀиудри щӀэпхъуэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 189
2. Шынэм къыхэкӀыу Ӏужыжын, пӀащӀэгъуэкӀэ пэщӀэкӀуэтын, ӀуцӀэфтыжын.
Астемыр къамэр кърихри щаригъэлъагъум, нэхъ къэрабгъэхэр щтэри щӀэпхъуэжат, арщхьэкӀэ кӀэщӀу къагъэзэжри, ӀэпэкӀэ къамэдзэм ӀурыӀэбэу, къамэпэм еӀусэу, зэдауэу зэхэувэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 182
+2 örnek
Деникиным и дзэр къракъухьу, я щхьэр псэууэ ди хэкум ирахыжыну зэрызехьэу ЧерноморэмкӀэ щыщӀэпхъуэжым, Мэтхъэнри дунейм къытехьэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 320
Биилъ зауэлӀхэм ягъэжащ, Нэмыцэр щтэри щӀэпхъуэжащ.— Командир. «Шум и гъуэгу», 43
Kitapta geçtiği hali
ЩӀЭПХЪУЭЖЫН (щӀопхъуэж) лъэмыӀ. (21). 1. (18). ЖэрыгъэкӀэ ежьэжын, кӀуэсэн. А лӀым и макъыр зэрызэхахыу, сабийхэр щӀэпхъуэжащ, Астемыр къамэ къихар иӀыгъыу къагъанэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 182. И щӀакӀуэ фӀыцӀэр ешыхьыжри Жэщыр щэху цӀыкӀуу щӀопхъуэж. Нэхущ. «Дамыгъэ», 225. ЩӀалэ цӀыкӀум едэхащӀэу и пэр къиубыдыну епхъуати, Тембот зыӀэщӀиудри щӀэпхъуэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 189. 2. (3). Шынэм къыхэкӀыу Ӏужыжын, пӀащӀэгъуэкӀэ пэщӀэкӀуэтын, ӀуцӀэфтыжын. Астемыр къамэр кърихри щаригъэлъагъум, нэхъ къэрабгъэхэр щтэри щӀэпхъуэжат, арщхьэкӀэ кӀэщӀу къагъэзэжри, ӀэпэкӀэ къамэдзэм ӀурыӀэбэу, къамэпэм еӀусэу, зэдауэу зэхэувэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 182. Деникиным и дзэр къракъухьу, я щхьэр псэууэ ди хэкум ирахыжыну зэрызехьэу ЧерноморэмкӀэ щыщӀэпхъуэжым, Мэтхъэнри дунейм къытехьэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 320. Биилъ зауэлӀхэм ягъэжащ, Нэмыцэр щтэри щӀэпхъуэжащ. Командир. «Шум и гъуэгу», 43.