щӀэнэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(щӀонэ)

1. Зыгуэр сыуэ щӀидзэн, къэлыдын.

рузагореться

МафӀэр щӀонэ. Тутыныр щӀэнащ.

2. Блэуэ, лыду щӀидзэн.

руначать светить, блестеть

Уэрам уэздыгъэхэр щӀэнащ.

3. Лажьэу щӀидзэн (моторым).

рузавестись (напр. о моторе)

Псыхъуэ даущыншэ хъуар ягъэпсалъэу мотор лъэщхэр щӀэнащ.— Теунэ Хьэчим

(щӀонэ)

1. КъыщӀэмыкӀыжыфу, къыщӀамыхыжыфу зыгуэрым и лъабжьэм, щӀагъым щӀэлъу къэнэн.

рузастрять под чем-л.

Лъэгум щӀэнэн.

2. ХэӀущӀыӀу мыхъуу, бзыщӀауэ къэнэн.

руостаться скрытым (обычно о проступке)

УпщӀэ щӀэщхъуркъым, щӀэщхъу щӀэнэркъым.— Псалъэжьхэр

Kitapta geçtiği hali

щӀэнэн I (щӀонэ) неперех. гл. 1. загореться / Зыгуэр сыуэ щӀидзэн, къэлыдын. МафӀэр щӀонэ. Тутыныр щӀэнащ. 2. начать светить, блестеть / Блэуэ, лыду щӀидзэн. Уэрам уэздыгъэхэр щӀэнащ. 3. завестись (напр. о моторе) / Лажьэу щӀидзэн (моторым). * Псыхъуэ даущыншэ хъуар ягъэпсалъэу мотор лъэщхэр щӀэнащ. Т. Хь. II (щӀонэ) неперех. гл. 1. застрять под чем-л. / КъыщӀэмыкӀыжыфу, къыщӀамыхыжыфу зыгуэрым и лъабжьэм, щӀагъым щӀэлъу къэнэн. Лъэгум щӀэнэн. 2. переносное остаться скрытым (обычно о проступке) / ХэӀущӀыӀу мыхъуу, бзыщӀауэ къэнэн. * УпщӀэ щӀэщхъуркъым, щӀэщхъу щӀэнэркъым. (погов.)

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(щӀонэ)

Зыгуэр сыуэ щӀидзэн, къэлыдын.

[Шурэ, Астемыр хуэгъэзауэ:] Сытми, мафӀэр шкӀэщым щӀэнащ.— Алъхъо, 75

+1 örnek

УкӀуэд жыдоӀэр а мафӀэр, Унэм щӀэнауэ дыщисым.— Езыгъэлейм. «Батырыбжьэ», 142

Kitapta geçtiği hali

ЩӀЭНЭН I (щӀонэ) лъэмыӀ. (1). Зыгуэр сыуэ щӀидзэн, къэлыдын. [Шурэ, Астемыр хуэгъэзауэ:] Сытми, мафӀэр шкӀэщым щӀэнащ. Алъхъо, 75. УкӀуэд жыдоӀэр а мафӀэр, Унэм щӀэнауэ дыщисым. Езыгъэлейм. «Батырыбжьэ», 142.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

yanma yanmak

Düzeltme Öner

щӀэнэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.