щӀэныгъэлӀ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Наукэм хэлэжьыхь цӀыху; еджагъэшхуэ.
руучёный
ЩӀэныгъэлӀ цӀэрыӀуэ.
+1 örnek
{Инал йогупсыс:} Мыпхуэдизу цӀэрыӀуэ хъуа, пщӀэшхуэ къызыхуащӀ щӀэныгъэлӀым Мэзкуу къыдэкӀыу ди хэкум нэкӀуэжыну щхьэ и нэ къикӀрэ, жиӀэу.— КӀыщокъуэ Алим
Kitapta geçtiği hali
щӀэныгъэлӀ учёный / Наукэм хэлэжьыхь цӀыху; еджагъэшхуэ. ЩӀэныгъэлӀ цӀэрыӀуэ. * {Инал йогупсыс:} Мыпхуэдизу цӀэрыӀуэ хъуа, пщӀэшхуэ къызыхуащӀ щӀэныгъэлӀым Мэзкуу къыдэкӀыу ди хэкум нэкӀуэжыну щхьэ и нэ къикӀрэ, жиӀэу. КӀ. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЩӀэныгъэм хэлэжьыхь цӀыху; еджагъэшхуэ.
Мэтхъэныр щӀэныгъэлӀщ, и щӀэныгъэм хигъахъуэ зэпыт дэнэ къэна, Ӏэджэм къацӀыхур, чэнджэщэгъуи къащӀ икӀи пщӀэ къыхуащӀ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528
+2 örnek
Инал и гугъэххэтэкъым Мэтхъэныр абы хуэдизу цӀэрыӀуэ хъуауэ, щӀэныгъэлӀу къалъытэу, Кавказым ис лъэпкъхэм тхылъыщӀэ яхузэхилъхьэурэ латинкӀэ зэрихъуэкӀыу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528
ЯмыщӀэххэу, инкубатор адакъэм бабыщ шыр къришащ, жаӀэу щызэхахым, къалэм къикӀри сурэттех къэсащ, щӀэныгъэлӀхэр я гъусэу, бабыщ шырым зезыта адакъэ хужьым сурэт трах, адэкӀэ-мыдэкӀэ къыпажыхь, адакъэр къаубыду и щӀыбым бабыщ шыр трагъэтӀысхьэну хуожьэ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 489
Kitapta geçtiği hali
ЩӀЭНЫГЪЭЛӀ (9). ЩӀэныгъэм хэлэжьыхь цӀыху; еджагъэшхуэ. Мэтхъэныр щӀэныгъэлӀщ, и щӀэныгъэм хигъахъуэ зэпыт дэнэ къэна, Ӏэджэм къацӀыхур, чэнджэщэгъуи къащӀ икӀи пщӀэ къыхуащӀ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528. Инал и гугъэххэтэкъым Мэтхъэныр абы хуэдизу цӀэрыӀуэ хъуауэ, щӀэныгъэлӀу къалъытэу, Кавказым ис лъэпкъхэм тхылъыщӀэ яхузэхилъхьэурэ латинкӀэ зэрихъуэкӀыу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528. ЯмыщӀэххэу, инкубатор адакъэм бабыщ шыр къришащ, жаӀэу щызэхахым, къалэм къикӀри сурэттех къэсащ, щӀэныгъэлӀхэр я гъусэу, бабыщ шырым зезыта адакъэ хужьым сурэт трах, адэкӀэ-мыдэкӀэ къыпажыхь, адакъэр къаубыду и щӀыбым бабыщ шыр трагъэтӀысхьэну хуожьэ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 489.