щӀэлъэтын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(щӀолъэт)

1. Лъэтауэ зыщӀыпӀэ къыщӀэкӀын.

рувылететь, выпорхнуть откуда-л., из-под чего-л.

Джэдхэр джэдэщым щӀолъэт.

2. ПсынщӀэу зыщӀэдзын, зыгуэрым зыпыӀудзын.

руотпрянуть, шарахнуться от чего-л.

Алащэ пцӀэгъуэплъыр къащтэри, бгъукӀэ зэуэ щӀэлъэтащ.— ЛъэбакъуэщӀэхэр

3. ПсынщӀэу къыщӀэжын.

рупросторечие выскочить, вылететь откуда-л. (из помещения)

Елдар занщӀэу унэм щӀэлъэтащ.— Ӏуащхьэмахуэ

Kitapta geçtiği hali

щӀэлъэтын (щӀолъэт) неперех. гл. 1. вылететь, выпорхнуть откуда-л., из-под чего-л. / Лъэтауэ зыщӀыпӀэ къыщӀэкӀын. Джэдхэр джэдэщым щӀолъэт. 2. отпрянуть, шарахнуться от чего-л. / ПсынщӀэу зыщӀэдзын, зыгуэрым зыпыӀудзын. * Алащэ пцӀэгъуэплъыр къащтэри, бгъукӀэ зэуэ щӀэлъэтащ. Лъэб. 3. переносное просторечие выскочить, вылететь откуда-л. (из помещения) / ПсынщӀэу къыщӀэжын. * Елдар занщӀэу унэм щӀэлъэтащ. Ӏуащхь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(щӀолъэт)

1. Лъатэурэ зыщӀыпӀэ къыщӀэкӀын.

АдакъитӀыр зэпсэлъэху, бажэм и пэр бжэ дэмэдазэм къыдигъэжри, къеӀэм-неӀэурэ и щхьэр къыдиӀупащ, итӀанэ къыщӀыхьэпэри бабыщ анэ ашыкым исым сепхъуэнщ, щыжиӀэм, бабыщыр «уакъ-уакъ» жиӀэу щӀэлъэтащ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484

+1 örnek

Умейми, шыбэм уахэдэрт, Къунаным цӀахуцӀэу зебдзауэ, Шы лъакъуэм мывэр щӀэлъэту, Шу лъагъуэ бгъузэм зептауэ Уихьэну бгыщхьэм уехъуапсэрт.— Къайсын К. «папщӀэ. Шум и гъуэгу», 87

2. ПсынщӀэу къыщӀэжын.

– Щхьэ сыбгъэбампӀэрэ? – жиӀэри Апчарэ [Албиян хуэгъэзауэ] къыщиудауэ унэм щӀэлъэтри шыгъуэгу хадэм илъэдащ.— Щынэхужьыкъуэ, 32

+1 örnek

Апчарэ унэм щӀэлъэтри жэмым пежьащ.— Нал къута, 227

Kitapta geçtiği hali

ЩӀЭЛЪЭТЫН (щӀолъэт) лъэмыӀ. (4). 1. (2). Лъатэурэ зыщӀыпӀэ къыщӀэкӀын. АдакъитӀыр зэпсэлъэху, бажэм и пэр бжэ дэмэдазэм къыдигъэжри, къеӀэм-неӀэурэ и щхьэр къыдиӀупащ, итӀанэ къыщӀыхьэпэри бабыщ анэ ашыкым исым сепхъуэнщ, щыжиӀэм, бабыщыр «уакъ-уакъ» жиӀэу щӀэлъэтащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484. Умейми, шыбэм уахэдэрт, Къунаным цӀахуцӀэу зебдзауэ, Шы лъакъуэм мывэр щӀэлъэту, Шу лъагъуэ бгъузэм зептауэ Уихьэну бгыщхьэм уехъуапсэрт. Къайсын К. папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 87. 2. (2). зэхь. ПсынщӀэу къыщӀэжын. – Щхьэ сыбгъэбампӀэрэ? – жиӀэри Апчарэ [Албиян хуэгъэзауэ] къыщиудауэ унэм щӀэлъэтри шыгъуэгу хадэм илъэдащ. Щынэхужьыкъуэ, 32. Апчарэ унэм щӀэлъэтри жэмым пежьащ. Нал къута, 227.

Düzeltme Öner

щӀэлъэтын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.