щӀэлъэдэн

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

akmak
Ortakилъэдэнкъилъэдэнтелъэдэн
DoğuежэхынщӀэлъэдэнижынкъижын
BatıечъэхынкӀэлъэдэничъынкъичъын
girmekkoşarak içeri girmek
DoğuщӀэлъэдэн
BatıчӀэлъэдэн
Kitapta geçtiği hali

ечъэхын/ежэхын, кӀэлъэдэн/щӀэлъэдэн, ИЛЪЭДЭН, КЪИЛЪЭДЭН, ичъын/ижын, къичъын/къижын, ТЕЛЪЭДЭН; AKMAK

щӀэлъэдэн/чӀэлъэдэн; GİRMEK (koşarak içeri ~)

кӀэлъэдэн/щӀэлъэдэн → ечъэхын; AKMAK (ileriye, bir şeyin altına doğru ~; koşmak)

щӀэлъэдэн/кӀэлъэдэн → ечъэхын; AKMAK (ileriye, bir şeyin altına doğru ~; koşmak)

Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: ечъэхын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(щӀолъадэ)

1. ЖэрыгъэкӀэ зыщӀыпӀэ, зыгуэрым и щӀагъым щӀыхьэн.

рузабежать, вбежать куда-л. (в помещение), подо что-л.

Мэзым щӀэлъэдэн.

2. ТкӀуаткӀуэ гуэр ежэхыурэ зыщӀыпӀэ щӀыхьэн.

рузатечь куда-л., подтечь подо что-л.

Бажэм и натӀэ зэгуэудам лъы къежэхыр и нэм щӀэлъэдат.— ӀуэрыӀуатэ

3. Зыгуэр (топ, мет н. къ.) зыщӀыпӀэ, зыгуэрым и щӀагъым щӀэхуэн, щӀэджэрэзэн. Метыр гъуэлъыпӀэ щӀагъым щӀэлъэдащ.

рузакатиться, вкатиться куда-л., подо что-л.

4. Езым и плъыфэм мащӀэу нэгъуэщӀ къыхыхьэн.

руприобрести какой-л. оттенок (о цвете)

Плъыжьыфэ щӀэлъэдэн.

Kitapta geçtiği hali

щӀэлъэдэн (щӀолъадэ) неперех. гл. 1. забежать, вбежать куда-л. (в помещение), подо что-л. / ЖэрыгъэкӀэ зыщӀыпӀэ, зыгуэрым и щӀагъым щӀыхьэн. Мэзым щӀэлъэдэн. 2. затечь куда-л., подтечь подо что-л. / ТкӀуаткӀуэ гуэр ежэхыурэ зыщӀыпӀэ щӀыхьэн. * Бажэм и натӀэ зэгуэудам лъы къежэхыр и нэм щӀэлъэдат. фольк. 3. закатиться, вкатиться куда-л., подо что-л. / Зыгуэр (топ, мет н. къ.) зыщӀыпӀэ, зыгуэрым и щӀагъым щӀэхуэн, щӀэджэрэзэн. Метыр гъуэлъыпӀэ щӀагъым щӀэлъэдащ. 4. приобрести какой-л. оттенок (о цвете) / Езым и плъыфэм мащӀэу нэгъуэщӀ къыхыхьэн. Плъыжьыфэ щӀэлъэдэн.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(щӀолъадэ)

1. ЖэрыгъэкӀэ зыщӀыпӀэ щӀыхьэн.

Гунэуэс къыпхуэгъэувыӀэнутэкъым, заӀэщӀиудщ псоми, псыр къыпыжу, щхьэхьу, лъакъуэкӀэ бжэр Ӏуиуду, унэм щӀэлъэдащ— ГущӀэгъу, 424

+2 örnek

НэгъуэщӀ шууитӀ Иналхэ я пщӀантӀэм къыщепсыхри унэм щӀэлъэдащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 203

ИщӀэнур имыщӀэу Апчарэ наркомпросым щӀэлъэдащ.— Нал къута, 215

2. ТкӀуаткӀуэ гуэр ежэхыурэ зыщӀыпӀэ щӀыхьэн.

Уэшх хуабэр ди нэм худохьыр Хадэ хэтлъхьахэм щӀэлъадэм, Къемышхыжащэрэт жыдоӀэ, Уэшх псыдзэм жылэр хэкӀуадэм.— Езыгъэлейм. «Батырыбжьэ», 142

+1 örnek

ЯщӀыр щхьэщэ бгы нэпкъ задэм, Я Ӏэр ящӀыр жыгыу Ӏутым, Удз гъэгъахэм псыр щӀолъадэ, Жыг лъабжьэжьхэр егъэщӀытэр.— Псыр шы щхъуантӀэм тесу мажэ. «Мывэ хуабэ», 208

Kitapta geçtiği hali

ЩӀЭЛЪЭДЭН (щӀолъадэ) лъэмыӀ. (22). 1. (20). ЖэрыгъэкӀэ зыщӀыпӀэ щӀыхьэн. Гунэуэс къыпхуэгъэувыӀэнутэкъым, заӀэщӀиудщ псоми, псыр къыпыжу, щхьэхьу, лъакъуэкӀэ бжэр Ӏуиуду, унэм щӀэлъэдащ. ГущӀэгъу, 424. НэгъуэщӀ шууитӀ Иналхэ я пщӀантӀэм къыщепсыхри унэм щӀэлъэдащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 203. ИщӀэнур имыщӀэу Апчарэ наркомпросым щӀэлъэдащ. Нал къута, 215. 2. (2). ТкӀуаткӀуэ гуэр ежэхыурэ зыщӀыпӀэ щӀыхьэн. Уэшх хуабэр ди нэм худохьыр Хадэ хэтлъхьахэм щӀэлъадэм, Къемышхыжащэрэт жыдоӀэ, Уэшх псыдзэм жылэр хэкӀуадэм. Езыгъэлейм. «Батырыбжьэ», 142. ЯщӀыр щхьэщэ бгы нэпкъ задэм, Я Ӏэр ящӀыр жыгыу Ӏутым, Удз гъэгъахэм псыр щӀолъадэ, Жыг лъабжьэжьхэр егъэщӀытэр. Псыр шы щхъуантӀэм тесу мажэ. «Мывэ хуабэ», 208.

Düzeltme Öner

щӀэлъэдэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.