щӀэин
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. ЦӀыху лӀам къыщӀэна мылъку.
рунаследство
Хьэжым и щӀэиныр къызыхуигъэнэн зэримыӀэр и жагъуэу дунейм ехыжащ.— Ӏуащхьэмахуэ
+1 örnek
Гугъэмрэ жеймрэ адэ щӀэиныфӀщ.— Псалъэжьхэр
2. ГъащӀэм, культурэм ехьэлӀауэ блэкӀа зэманым псэуа цӀыхушхуэхэм ялэжьа, къагъэна ӀуэхущӀафэ.
рунаследие
Ауэ абы {Нэгумэм} и поэтическэ щӀэиным щыщу ди деж къэсар "Хъуэхъу" закъуэрщ.— Къэб. п. и ат.
Kitapta geçtiği hali
щӀэин 1. наследство / ЦӀыху лӀам къыщӀэна мылъку. * Хьэжым и щӀэиныр къызыхуигъэнэн зэримыӀэр и жагъуэу дунейм ехыжащ. Ӏуащхь. Гугъэмрэ жеймрэ адэ щӀэиныфӀщ. (погов.) 2. переносноенаследие / ГъащӀэм, культурэм ехьэлӀауэ блэкӀа зэманым псэуа цӀыхушхуэхэм ялэжьа, къагъэна ӀуэхущӀафэ. * Ауэ абы {Нэгумэм} и поэтическэ щӀэиным щыщу ди деж къэсар "Хъуэхъу" закъуэрщ. Къэб. п. и ат.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЦӀыху лӀам къыщӀэна мылъку. -242.
Уей, дызэныкъуэкъуу дыщытыху, зэрапхъуами тщӀэркъым Щэрданхэ я щӀэиныр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 241
+2 örnek
Ей, си усэ, уишхыдыкӀыу Ухъумэ цӀыхум я гухэлъ, Дядэ, дянэм я щӀэину Гугъэ закъуэр ягу игъэлъ— УситӀ, Щам щыстхауэ. «Батырыбжьэ», 75
ЩремыӀэххэ дыщэм пащӀыни, Адэ щӀэину гугъэр нэхъ лъапӀэщ— Нэхъ лъапӀэр. «Батырыбжьэ», 114
Kitapta geçtiği hali
ЩӀЭИН (8). ЦӀыху лӀам къыщӀэна мылъку. Уей, дызэныкъуэкъуу дыщытыху, зэрапхъуами тщӀэркъым Щэрданхэ я щӀэиныр. Хъуэпсэгъуэ нур, 241-242. Ей, си усэ, уишхыдыкӀыу Ухъумэ цӀыхум я гухэлъ, Дядэ, дянэм я щӀэину Гугъэ закъуэр ягу игъэлъ. УситӀ, Щам щыстхауэ. «Батырыбжьэ», 75. ЩремыӀэххэ дыщэм пащӀыни, Адэ щӀэину гугъэр нэхъ лъапӀэщ. Нэхъ лъапӀэр. «Батырыбжьэ», 114.