щӀэзэгъэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(щӀозагъэ)
1. Зыгуэрым и щӀагъым е псэуалъэ гуэрым и кӀуэцӀым увыӀэпӀэ щигъуэтын, щӀэхуэн.
рууместиться где-л., под чем-л. (в помещении)
Мэкъугур гуэщым щӀэзэгъащ.
2. ЗыщӀыпӀэ щызэгъэн, щыпыӀэн.
руусидеть, остаться на месте где-л. (в помещении)
Унэм щӀэзэгъэн.
Kitapta geçtiği hali
щӀэзэгъэн (щӀозагъэ) неперех. гл. 1. уместиться где-л., под чем-л. (в помещении) / Зыгуэрым и щӀагъым е псэуалъэ гуэрым и кӀуэцӀым увыӀэпӀэ щигъуэтын, щӀэхуэн. Мэкъугур гуэщым щӀэзэгъащ. 2. усидеть, остаться на месте где-л. (в помещении) / ЗыщӀыпӀэ щызэгъэн, щыпыӀэн. Унэм щӀэзэгъэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(щӀозагъэ)
ЗыщӀыпӀэ щызэгъэн, щыпыӀэн.
Псыжьрэ Индылрэ я зэхуакур арат зекӀуэ кӀуапӀэр, бжьыхьэр къэсрэ гъавэр гуэным иракӀутэжамэ, нэхъыбэм ДонкӀэ ягъазэрэ губгъуэр къаущыхьу итт, къанэу губгъуэм щикӀуадэ Ӏэджэри къэхъурт, я кӀуэдыпӀэ псэ зыӀутым ямыщӀэу, арщхьэкӀэ къуажэпщыр лӀы зи къару илъыгъуэти, и унэм щӀэзагъэртэкъым, бжьыхьэхуегъэзэкӀ зэрыхъуу зигъэхьэзыру щӀидзэрт, и нэгум зыгуэр зэрыщӀэлъыр ӀупщӀу.— Лъапсэ, 30
+2 örnek
А махуэм сэри сыӀэлфӀыцӀэу унэм сыщӀэмызагъэу сыщӀэсащ, сщӀэнур сымыщӀэу.— Лэчымэ, 383
Къуажэм дэсыр я унэм щӀэмызагъэу къызэхуэсат хьэгъуэлӀыгъуэм хэмытым и махуэ мыгъуэуи, фызышэр узэрыхуейм хуэдэу хъуащ, къуажэ гъунэм ТхьэщӀагъыжь пэмыжыжьэу губгъуэшхуэм шыгъажэ щащӀащ, дэ цӀыкӀу бла защӀэу ныпыр зэфӀахьу— Лъапсэ, 117
Kitapta geçtiği hali
ЩӀЭЗЭГЪЭН (щӀозагъэ) лъэмыӀ. (6). ЗыщӀыпӀэ щызэгъэн, щыпыӀэн. Псыжьрэ Индылрэ я зэхуакур арат зекӀуэ кӀуапӀэр, бжьыхьэр къэсрэ гъавэр гуэным иракӀутэжамэ, нэхъыбэм ДонкӀэ ягъазэрэ губгъуэр къаущыхьу итт, къанэу губгъуэм щикӀуадэ Ӏэджэри къэхъурт, я кӀуэдыпӀэ псэ зыӀутым ямыщӀэу, арщхьэкӀэ къуажэпщыр лӀы зи къару илъыгъуэти, и унэм щӀэзагъэртэкъым, бжьыхьэхуегъэзэкӀ зэрыхъуу зигъэхьэзыру щӀидзэрт, и нэгум зыгуэр зэрыщӀэлъыр ӀупщӀу. Лъапсэ, 30. А махуэм сэри сыӀэлфӀыцӀэу унэм сыщӀэмызагъэу сыщӀэсащ, сщӀэнур сымыщӀэу. Лэчымэ, 383. Къуажэм дэсыр я унэм щӀэмызагъэу къызэхуэсат хьэгъуэлӀыгъуэм хэмытым и махуэ мыгъуэуи, фызышэр узэрыхуейм хуэдэу хъуащ, къуажэ гъунэм ТхьэщӀагъыжь пэмыжыжьэу губгъуэшхуэм шыгъажэ щащӀащ, дэ цӀыкӀу бла защӀэу ныпыр зэфӀахьу. Лъапсэ, 117.