щӀэгъэлъэлъын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. ЩӀэлъэлъын псалъэм и каузатив.
рукаузатив к щӀэлъэлъын
2. Зыгуэр хуабжьу убын; зыгуэрым хуабжьу хуэшхыдэн.
рузлословить о ком-чем-л., обсуждать кого-что-л.
КъанцӀыкӀу зи щхьэфэ имыӀэбэ къигъанэртэкъым, псори щӀигъэлъэлъырт.— Шортэн Аскэрбий
Kitapta geçtiği hali
щӀэгъэлъэлъын 1. каузатив к щӀэлъэлъын / ЩӀэлъэлъын псалъэм и каузатив. 2. переносное злословить о ком-чем-л., обсуждать кого-что-л. / Зыгуэр хуабжьу убын; зыгуэрым хуабжьу хуэшхыдэн. * КъанцӀыкӀу зи щхьэфэ имыӀэбэ къигъанэртэкъым, псори щӀигъэлъэлъырт. Ш. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(щӀегъэлъэлъ)
1. Ӏэщэм шэхэр зэпымычу игъэуэн.
[Хьэбибэ хуэгъэзауэ:] – Къуажэ гъунэм хьэдэу щылъыр бэгыжауэ зэтелъщ, бамэм уигъакӀуэркъым. ИӀэ, псынщӀэу! – жиӀэри Сентрал аргуэру и автоматыр щӀигъэлъэлъащ.— Нал къута, 285
2. Зыгуэрым пцӀы телъхьэн,убын.
«Уеблэмэ езы командирыр си ужь итащ, армыхъумэ къызбгъурытыххакъым. КъыбгурыӀуа?» – жиӀэу Дорофеич [Лу хуэгъэзауэ]
Kitapta geçtiği hali
ЩӀЭГЪЭЛЪЭЛЪЫН (щӀегъэлъэлъ) лъэӀ. (2). 1. (1). Ӏэщэм шэхэр зэпымычу игъэуэн. [Хьэбибэ хуэгъэзауэ:] – Къуажэ гъунэм хьэдэу щылъыр бэгыжауэ зэтелъщ, бамэм уигъакӀуэркъым. ИӀэ, псынщӀэу! – жиӀэри Сентрал аргуэру и автоматыр щӀигъэлъэлъащ. Нал къута, 285. 2. (1). Зыгуэрым пцӀы телъхьэн,убын. «Уеблэмэ езы командирыр си ужь итащ, армыхъумэ къызбгъурытыххакъым. КъыбгурыӀуа?» – жиӀэу Дорофеич [Лу хуэгъэзауэ]