щӀэгъэкъуэн

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

dayamak
DoğuегъэщӀылӀэнеупсеинщӀэгъэкъуэнщӀэгъэуэн
BatıегъэкӀылӀэнеусэинчӀэгъэкъончӀэгъэон
destek
OrtakӀэпыӀэгъу
DoğuщӀэгъэкъуэнпкъокъуэтэгъу
BatıчӀэгъэкъонпкъэукъотэгъу
sürgülemekkapıyı sürgülemek
DoğuщӀэгъэкъуэнпхъэрыгъажэ рыгъэжэн
BatıкӀэгъэкъонпчъэдадзэ дэдзэнсэхрыгъачъэ рыгъэчъэнпхъэрыгъачъэ рыгъэчъэн
Kitapta geçtiği hali

егъэкӀылӀэн/егъэщӀылӀэн (регъэкӀылӀэ/ирегъэщӀылӀэ), еусэин/ еупсеин (реусэи/иреупсей), чӀэгъэкъон/щӀэгъэкъуэн (чӀегъакъо/ щӀегъакъуэ), чӀэгъэон/щӀэгъэуэн (чӀегъэо/щӀегъауэ); DAYAMAK

чӀэгъэкъон/щӀэгъэкъуэн, ӀЭПЫӀЭГЪУ, пкъэу/пкъо, къотэгъу/къуэтэгъу; DESTEK

кӀэгъэкъон/щӀэгъэкъуэн (кӀегъакъо/ щӀегъакъуэ); пчъэдадзэ дэдзэн (~ дедзэ); сэхрыгъачъэ рыгъэчъэн, пхъэрыгъажэ рыгъэжэн, пхъэрыгъачъэ рыгъэчъэн (~ регъачъэ/~ ирегъажэ); SÜRGÜLEMEK (kapıyı ~)

чӀэгъэкъон/щӀэгъэкъуэн → егъэкӀылӀэн; DAYAMAK (altına ~)

щӀэгъэкъуэн → кӀэгъэкъон; SÜRGÜLEMEK (kapıyı ~)

щӀэгъэкъуэн → чӀэгъэкъон; DESTEK (dayama)

щӀэгъэкъуэн/чӀэгъэкъон → егъэкӀылӀэн; DAYAMAK (altına ~)

Bu sonuç kitaptaki 7 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: егъэкӀылӀэн, кӀэгъэкъон, чӀэгъэкъон

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(щӀегъакъуэ)

Зыгуэрым зыгуэр пэщӀэгъэувэн, мыуэн, мыукӀуриин, иримыгъэхуэхын папщӀэ кӀэщӀэсэн.

руподпереть что-л. чем-л.

Бжэгъу щӀэгъэкъэн. фольк.

+1 örnek

Ӏэр щхьэм щӀэгъэкъуэн.

1. Къимыгъауэу, къримыгъэхуэхыу иӀыгъын папщӀэ, зыгуэрым щӀагъакъуэ пкъо, бжэгъу сыт хуэдэхэр.

руподпорка, опора

Иджы моуэ фыщыт, сэ иджыпсту щӀэгъэкъуэн къэсхьынщ.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ

2. ДэӀэпыкъуэгъуу зыщыгугъ, гугъапӀэ.

руопора, поддержка

ИгъащӀэми къуаншагъэ уи гум техуакъым, цӀыху дэхуэхам щӀэгъэкъуэн уахуохъу {Къазджэрий}.— КӀыщокъуэ Алим

Kitapta geçtiği hali

щӀэгъэкъуэн I (щӀегъакъуэ) перех. гл. подпереть что-л. чем-л. / Зыгуэрым зыгуэр пэщӀэгъэувэн, мыуэн, мыукӀуриин, иримыгъэхуэхын папщӀэ кӀэщӀэсэн. Бжэгъу щӀэгъэкъэн. фольк. * Ӏэр щхьэм щӀэгъэкъуэн. II 1. подпорка, опора / Къимыгъауэу, къримыгъэхуэхыу иӀыгъын папщӀэ, зыгуэрым щӀагъакъуэ пкъо, бжэгъу сыт хуэдэхэр. * Иджы моуэ фыщыт, сэ иджыпсту щӀэгъэкъуэн къэсхьынщ. Къэб. фольк. 2. переносное опора, поддержка / ДэӀэпыкъуэгъуу зыщыгугъ, гугъапӀэ. * ИгъащӀэми къуаншагъэ уи гум техуакъым, цӀыху дэхуэхам щӀэгъэкъуэн уахуохъу {Къазджэрий}. КӀ. А.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(щӀегъакъуэ)

Зыгуэрым зыгуэр пэщӀэгъэувэн, мыуэн, мыукӀуриин, иримыгъэхуэхын папщӀэ кӀэщӀэсэн.

Сэид и жьэпкъым башыр щӀэгъэкъуауэ щысщ, адрей молэхэм языныкъуэм я щхьэр ӀэкӀэ яӀыгът.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 654

+1 örnek

Дыщэ пащӀэр пшэм щӀигъакъуэу Бгы къуапэшхуэм ящхьэщохьэ, Ич лъэбакъуэм ар хуэсакъыу, Къуршыжь щӀыбым

(щӀэгъакъуащ)

Къимыгъауэу, къримыгъэхуэхыу иӀыгъын папщӀэ, бжэгъу с.ху. зыгуэрым пэщӀэгъэувауэ щытын.

Жагъуэгъу зимыӀэр Ӏэхъуэ башщи, Нэхъ лъэрымыхьым щӀэгъэкъуащ— ЩӀакхъуэ Ӏыхьэншэу сыкъэнами… Щхьэлыкъуэ, 399

1. Къимыгъэуэу, къримыгъэхуэхыу иӀыгъын папщӀэ, зыгуэрым щӀагъакъуэ бжэгъу, пкъо с. ху.

ГъукӀэр лъакъуэ лъэныкъуэмкӀэ лъэгуажьэмыщхьэу щыту, фочыр щӀэгъэкъуэн ищӀарэ къэтэджыжыну пӀэрэ жыуигъыӀэу, и Ӏэ лъэныкъуэмкӀэ и жьэпкъыр щӀиӀыгъэу зэфӀэсу дыкъат.— Лъапсэ, 106

2. ДэӀэпыкъуэгъуу зыщыгугъ, гугъапӀэ.

[Къэзмай, Къазджэрий хуэгъэзауэ:] ИгъащӀэми къуаншагъэ уи гум техуакъым, цӀыху дэхуэхам щӀэгъэкъуэн уахуохъу, цӀыхум къулейсызыгъэ къалъысу пфӀэфӀкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 622

+2 örnek

[Шэндар, стройм хэтхэм хуэгъэзаэ:] Ди щӀыналъэм дыкъихъумэнщ, щӀэгъэкъуэни къытхуэхъунщ.— Нал къута, 259

[Думэсарэ, Елдар хуэгъэзауэ:] – Долэт и жыӀэкӀэу жысӀэнщи, сэрауэ пӀэрэ советскэм щӀэгъэкъуэну къыхуэнэжар?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 521

Kitapta geçtiği hali

ЩӀЭГЪЭКЪУЭН I (щӀегъакъуэ) лъэӀ. (2). Зыгуэрым зыгуэр пэщӀэгъэувэн, мыуэн, мыукӀуриин, иримыгъэхуэхын папщӀэ кӀэщӀэсэн. Сэид и жьэпкъым башыр щӀэгъэкъуауэ щысщ, адрей молэхэм языныкъуэм я щхьэр ӀэкӀэ яӀыгът. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 654. Дыщэ пащӀэр пшэм щӀигъакъуэу Бгы къуапэшхуэм ящхьэщохьэ, Ич лъэбакъуэм ар хуэсакъыу, Къуршыжь щӀыбым

ЩӀЭГЪЭКЪУЭН II (щӀэгъакъуащ) лъмыэӀ. (16). Къимыгъауэу, къримыгъэхуэхыу иӀыгъын папщӀэ, бжэгъу с.ху. зыгуэрым пэщӀэгъэувауэ щытын. Жагъуэгъу зимыӀэр Ӏэхъуэ башщи, Нэхъ лъэрымыхьым щӀэгъэкъуащ. ЩӀакхъуэ Ӏыхьэншэу сыкъэнами… «Щхьэлыкъуэ», 399.

ЩӀЭГЪЭКЪУЭН III (4). 1. (1). Къимыгъэуэу, къримыгъэхуэхыу иӀыгъын папщӀэ, зыгуэрым щӀагъакъуэ бжэгъу, пкъо с. ху. ГъукӀэр лъакъуэ лъэныкъуэмкӀэ лъэгуажьэмыщхьэу щыту, фочыр щӀэгъэкъуэн ищӀарэ къэтэджыжыну пӀэрэ жыуигъыӀэу, и Ӏэ лъэныкъуэмкӀэ и жьэпкъыр щӀиӀыгъэу зэфӀэсу дыкъат. Лъапсэ, 106. 2. (3). зэхь. ДэӀэпыкъуэгъуу зыщыгугъ, гугъапӀэ. [Къэзмай, Къазджэрий хуэгъэзауэ:] ИгъащӀэми къуаншагъэ уи гум техуакъым, цӀыху дэхуэхам щӀэгъэкъуэн уахуохъу, цӀыхум къулейсызыгъэ къалъысу пфӀэфӀкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 622. [Шэндар, стройм хэтхэм хуэгъэзаэ:] Ди щӀыналъэм дыкъихъумэнщ, щӀэгъэкъуэни къытхуэхъунщ. Нал къута, 259. [Думэсарэ, Елдар хуэгъэзауэ:] – Долэт и жыӀэкӀэу жысӀэнщи, сэрауэ пӀэрэ советскэм щӀэгъэкъуэну къыхуэнэжар? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 521.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

dayamak desteklemek

Düzeltme Öner

щӀэгъэкъуэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.