щӀыфын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(ещӀыф)
Зыгуэр щӀыныр хузэфӀэкӀын, пэлъэщын.
Хьэкурынэ имыщӀыф щыӀэкъым: пэрыӀэбэ, дзасэ, шыуан тегъэувапӀэ, джатэ, сэшхуэ, къамэ, шы лъэрыгъ – сыт ухуейми укъигъэщӀэхъунукъым, псом нэхърэ нэхъ зэлӀалӀэр сыт жыпӀэмэ – фоч, фокӀэщӀ къутар ещӀыжыф— Лъапсэ, 100
+2 örnek
Уи гъавэр бэву укъикӀыну ухуеймэ, Ботэх и дежт уздэкӀуэнур, ар хэлӀыфӀыхьмэ, езы Алыхьыр хэлӀыфӀыхьа хуэдэт, бэвагъкӀэ къыплъэщӀыхьэн щымыӀэу уищӀыфынущ, уеблэмэ нэхъ гъавэшхуэ къытезыхам утекӀуэу.— Лъапсэ, 96
Пэжу жыпӀэмэ, Алыхьырщ зыщӀэр Щхьэлмывэкъуэ быркъуэшыркъуагъэу дэлъыр, ауэ а псори хэт зэтес ищӀыфын.— Хъуэпсэгъуэ нур, 208
Kitapta geçtiği hali
ЩӀЫФЫН (ещӀыф) лъэӀ. (14). Зыгуэр щӀыныр хузэфӀэкӀын, пэлъэщын. Хьэкурынэ имыщӀыф щыӀэкъым: пэрыӀэбэ, дзасэ, шыуан тегъэувапӀэ, джатэ, сэшхуэ, къамэ, шы лъэрыгъ – сыт ухуейми укъигъэщӀэхъунукъым, псом нэхърэ нэхъ зэлӀалӀэр сыт жыпӀэмэ – фоч, фокӀэщӀ къутар ещӀыжыф. Лъапсэ, 100. Уи гъавэр бэву укъикӀыну ухуеймэ, Ботэх и дежт уздэкӀуэнур, ар хэлӀыфӀыхьмэ, езы Алыхьыр хэлӀыфӀыхьа хуэдэт, бэвагъкӀэ къыплъэщӀыхьэн щымыӀэу уищӀыфынущ, уеблэмэ нэхъ гъавэшхуэ къытезыхам утекӀуэу. Лъапсэ, 96. Пэжу жыпӀэмэ, Алыхьырщ зыщӀэр Щхьэлмывэкъуэ быркъуэшыркъуагъэу дэлъыр, ауэ а псори хэт зэтес ищӀыфын. Хъуэпсэгъуэ нур, 208.