щӀалэщӀэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зи къару илъыгъуэ, зи дахэгъуэ цӀыхухъу ныбжьыщӀэ.
руюноша, молодой человек
Зы шу зэгъэпэща щӀалэщӀэ тесу къэсащ.— ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
щӀалэщӀэ юноша, молодой человек / Зи къару илъыгъуэ, зи дахэгъуэ цӀыхухъу ныбжьыщӀэ. * Зы шу зэгъэпэща щӀалэщӀэ тесу къэсащ. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зи къару илъыгъуэ, зи дахэгъуэ цӀыхухъу ныбжьыщӀэ.
И шыбгъэрыщӀэр налкъуту, Уанэр зыкъутэр налмэсу ЩӀалэщӀэ къабзэр къоувыӀэ, Ӏэ дахэ ищӀу Ӏэдэбу Бохъу апщий инкӀи къохъуахъуэ.— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 416
+2 örnek
ЩӀалэщӀэт Елдар, Урарэхэ деж япэ дыдэ къыщыкӀуам.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 586
ЩӀалэщӀэ нащхъуэ цӀыкӀуу вытӀощыщӀэр зыӀыгъыр зы еплъыкӀэкӀэ машинэр зейм еплъырти дадэм гу лъитащ абы и гум илъым, щхьэр умыгъэузу ущрагъэблагъэкӀэ еблагъи сэри сутӀыпщыж, жиӀэу арагъэнт— КӀапсэ кӀапэ, 6
Kitapta geçtiği hali
ЩӀАЛЭЩӀЭ (4). Зи къару илъыгъуэ, зи дахэгъуэ цӀыхухъу ныбжьыщӀэ. И шыбгъэрыщӀэр налкъуту, Уанэр зыкъутэр налмэсу ЩӀалэщӀэ къабзэр къоувыӀэ, Ӏэ дахэ ищӀу Ӏэдэбу Бохъу апщий инкӀи къохъуахъуэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 416. ЩӀалэщӀэт Елдар, Урарэхэ деж япэ дыдэ къыщыкӀуам. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 586. ЩӀалэщӀэ нащхъуэ цӀыкӀуу вытӀощыщӀэр зыӀыгъыр зы еплъыкӀэкӀэ машинэр зейм еплъырти дадэм гу лъитащ абы и гум илъым, щхьэр умыгъэузу ущрагъэблагъэкӀэ еблагъи сэри сутӀыпщыж, жиӀэу арагъэнт. КӀапсэ кӀапэ, 6.