щӀалэжь
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Тепсэлъыхьыр зыхуэарэзы цӀыхухъу хэмыкӀуэта.
рупарняга (с оттенком одобрения)
ТемырболэткӀэ еджэу зы щӀалэжь гуэр псэурт, лӀыгъэ ин хэлъу.— ӀуэрыӀуатэ
2. Тепсэлъыхьыр зыгуэркӀэ зыхуэмыарэзы цӀыхухъу хэмыкӀуэта.
рупарняга (с оттенком неприязни)
Мэкъумэш зехьэни, Ӏэщ гъэхъуни зыхэзагъэ щымыӀэу псэут щӀалэжь гуэр.— Адыгэ таурыхъхэр
Bu maddedeki ifadeler (1)
щӀалэжь цӀыкӀу
Тепсэлъыхьыр зыгуэркӀэ зыхуэмыарэзы, зыгуэркӀэ абы игу иримыхь щӀалэ цӀыкӀу.
румальчишка (с оттенком уничижения)
ГъуэгурыкӀуэм зы щӀалэжь цӀыкӀу и гъусэт. Таур. хъыб.
Kitapta geçtiği hali
щӀалэжь 1. парняга (с оттенком одобрения) / Тепсэлъыхьыр зыхуэарэзы цӀыхухъу хэмыкӀуэта. * ТемырболэткӀэ еджэу зы щӀалэжь гуэр псэурт, лӀыгъэ ин хэлъу. фольк. 2. парняга (с оттенком неприязни) / Тепсэлъыхьыр зыгуэркӀэ зыхуэмыарэзы цӀыхухъу хэмыкӀуэта. * Мэкъумэш зехьэни, Ӏэщ гъэхъуни зыхэзагъэ щымыӀэу псэут щӀалэжь гуэр. Ад. таур. ЩӀалэжь цӀыкӀу мальчишка (с оттенком уничижения) / Тепсэлъыхьыр зыгуэркӀэ зыхуэмыарэзы, зыгуэркӀэ абы игу иримыхь щӀалэ цӀыкӀу. ГъуэгурыкӀуэм зы щӀалэжь цӀыкӀу и гъусэт. Таур. хъыб.