щыудын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(щеуд)

Щытхъын, щычын, псынщӀэу щылъэфын (щыгъын с. ху. гуэр).

русорвать (напр. одежду)

Арати хьэхэр къэсхэри зы дакъикъэм зыри къысщамынэу сщыгъа чэтхъахуэхэр сщаудащ.— Ӏуащхьэмахуэ

Kitapta geçtiği hali

щыудын (щеуд) перех. гл. сорвать (напр. одежду) / Щытхъын, щычын, псынщӀэу щылъэфын (щыгъын с. ху. гуэр). * Арати хьэхэр къэсхэри зы дакъикъэм зыри къысщамынэу сщыгъа чэтхъахуэхэр сщаудащ. Ӏуащхь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(щеуд)

Щычын, щытхъын, псынщӀэу щылъэфын (щыгъын с. ху. гуэр).

Дохутырым щыгът халат хужьыбзэ, лъызащӀэ хъужауэ, и жыпми зыгуэрхэр зэрилъри ӀупщӀти, сестра нэхъыжьыр пхъуэри а халатыр щиудри зыщӀыпӀэкӀэ дикуащ, тумбэм дэлъ халат хужьу ету зытедзар къыдипхъуэтри напӀэзыпӀэм дохутырым щитӀэгъащ— Лъапсэ, 6

+2 örnek

[Фэуаз жиӀэу:] -Зи пщампӀэ щызудар дурэшым дызодзэ: зэрыгъэкӀийр щӀызэрыгъэкӀийр ялъ ящӀэжыну я Ӏэпэлъапэ машхэри аращ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 407

- Си гъунэгъур щӀыб икӀынумэ, зэращӀыр нэхъыфӀмэ, сэри схузэфӀэкӀынщ, - жиӀэри Дэрдэхь игъэтхьэусыхахэм ящыщ зым епщэфыкъауэри, и джанэ кӀыхьыр къыщиудри зыщикъуащ, джанэкӀэр дызохьей сыт жимыӀэу, и гъуэншэджыр щигъэху ищӀри къадым и пащхьэм щетӀысэхым, къадыр, хьэрып лӀыжьт, къэгужьеяуэ къыщылъэтащ: - ФыщӀэкӀ иджыпсту!— Хьэсэпэхъумэ, 418

Kitapta geçtiği hali

ЩЫУДЫН (щеуд) лъэӀ. (7). Щычын, щытхъын, псынщӀэу щылъэфын (щыгъын с. ху. гуэр). Дохутырым щыгът халат хужьыбзэ, лъызащӀэ хъужауэ, и жыпми зыгуэрхэр зэрилъри ӀупщӀти, сестра нэхъыжьыр пхъуэри а халатыр щиудри зыщӀыпӀэкӀэ дикуащ, тумбэм дэлъ халат хужьу ету зытедзар къыдипхъуэтри напӀэзыпӀэм дохутырым щитӀэгъащ. Лъапсэ, 6. [Фэуаз жиӀэу:] -Зи пщампӀэ щызудар дурэшым дызодзэ: зэрыгъэкӀийр щӀызэрыгъэкӀийр ялъ ящӀэжыну я Ӏэпэлъапэ машхэри аращ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 407. - Си гъунэгъур щӀыб икӀынумэ, зэращӀыр нэхъыфӀмэ, сэри схузэфӀэкӀынщ, - жиӀэри Дэрдэхь игъэтхьэусыхахэм ящыщ зым епщэфыкъауэри, и джанэ кӀыхьыр къыщиудри зыщикъуащ, джанэкӀэр дызохьей сыт жимыӀэу, и гъуэншэджыр щигъэху ищӀри къадым и пащхьэм щетӀысэхым, къадыр, хьэрып лӀыжьт, къэгужьеяуэ къыщылъэтащ: - ФыщӀэкӀ иджыпсту! Хьэсэпэхъумэ, 418.

Düzeltme Öner

щыудын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.