щымэхъэшэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(щомэхъашэ)
Гурымыхьагъ ин зыгуэрым хуиӀэн, зэмыпэсын.
рубрезгать, гнушаться кем-чем-л., испытывать отвращение к кому-чему-л.
Ауэ а гъащӀэм усакӀуэр зэи щыщтэркъым икӀи щымэхъашэркъым, атӀэ фӀыуэ елъагъу.— Нало Заур
Kitapta geçtiği hali
щымэхъэшэн (щомэхъашэ) неперех. гл. брезгать, гнушаться кем-чем-л., испытывать отвращение к кому-чему-л. / Гурымыхьагъ ин зыгуэрым хуиӀэн, зэмыпэсын. * Ауэ а гъащӀэм усакӀуэр зэи щыщтэркъым икӀи щымэхъашэркъым, атӀэ фӀыуэ елъагъу. Н. З.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(щомэхъашэ)
Гурымыхьагъ ин зыгуэрым хуиӀэн, зэмыпэсын.
Госпиталыр зи ӀэмыщӀэ илъхэми нэхъ ягъэкъабылт муслъымэнхэр зы щӀыпӀэм щаӀыгъмэ, сыту жыпӀэмэ кхъуэлым щымэхъашэ цӀыхухэр дахэ-дахэу шхэртэкъым, мышхэмэ, хъужыгъуафӀи хъуртэкъым, куэдрэ щӀэлът— Хъуэпсэгъуэ нур, 172
+2 örnek
[Алыджыкъуэ и щхьэ хужеӀэж:] -А узым нэхърэ нэхъ сызыщымэхъашэ дунейм узыфэ теткъым.— МелыӀыч, 443
А емынэунэм [Къэрэмырзэ] и гугъу фымыщӀ, пщӀыхьэпӀэ Ӏей флъагъунщ, жаӀэу цӀыхур щымэхъашэт Къэрэмырзэ, имыгъэшынэ щымыӀэу— Лыгъэ, 408
Kitapta geçtiği hali
ЩЫМЭХЪЭШЭН (щомэхъашэ) лъэмыӀ. (4). Гурымыхьагъ ин зыгуэрым хуиӀэн, зэмыпэсын. Госпиталыр зи ӀэмыщӀэ илъхэми нэхъ ягъэкъабылт муслъымэнхэр зы щӀыпӀэм щаӀыгъмэ, сыту жыпӀэмэ кхъуэлым щымэхъашэ цӀыхухэр дахэ-дахэу шхэртэкъым, мышхэмэ, хъужыгъуафӀи хъуртэкъым, куэдрэ щӀэлът. Хъуэпсэгъуэ нур, 172. [Алыджыкъуэ и щхьэ хужеӀэж:] -А узым нэхърэ нэхъ сызыщымэхъашэ дунейм узыфэ теткъым. МелыӀыч, 443. А емынэунэм [Къэрэмырзэ] и гугъу фымыщӀ, пщӀыхьэпӀэ Ӏей флъагъунщ, жаӀэу цӀыхур щымэхъашэт Къэрэмырзэ, имыгъэшынэ щымыӀэу. Лыгъэ, 408.