щымыӀэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(щыӀэкъым)
Нэрылъагъуу щымытын, щӀыпӀэ гуэрым имытын, имылъын.
Уеблэмэ Ӏэхъуэм дихуа жэмхэм къагъэзэжат, хэщӀа щӀагъуэ щымыӀэу, хьэхэми я псэр къыхыхьэжауэ банэрт— Хъуэпсэгъуэ нур, 285
+2 örnek
Нэхъ динщӀэкъухэм зы защӀауэ, къапсэлъ щӀагъуэ щымыӀэу, «Алыхьым жиӀар хъунщ», жаӀэу зэхэст.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646
Ӏурари тхьэмыщкӀэныр иужэгъуауэ сабий быну, зыхуэмыныкъуэ щымыӀэу, и щхьэгъусэр лӀэри щӀилъхьэжауэ, зыщыгугъыр и хадэ тӀэкӀурауэ хьэблэм дэст, дэкӀуэжыну и пщӀыхьэпӀэм къыхэхуэртэкъым.— Къалэн, 427
Kitapta geçtiği hali
ЩЫМЫӀЭН (щыӀэкъым) лъэмыӀ. (13). Нэрылъагъуу щымытын, щӀыпӀэ гуэрым имытын, имылъын. Уеблэмэ Ӏэхъуэм дихуа жэмхэм къагъэзэжат, хэщӀа щӀагъуэ щымыӀэу, хьэхэми я псэр къыхыхьэжауэ банэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 285. Нэхъ динщӀэкъухэм зы защӀауэ, къапсэлъ щӀагъуэ щымыӀэу, «Алыхьым жиӀар хъунщ», жаӀэу зэхэст. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646. Ӏурари тхьэмыщкӀэныр иужэгъуауэ сабий быну, зыхуэмыныкъуэ щымыӀэу, и щхьэгъусэр лӀэри щӀилъхьэжауэ, зыщыгугъыр и хадэ тӀэкӀурауэ хьэблэм дэст, дэкӀуэжыну и пщӀыхьэпӀэм къыхэхуэртэкъым. Къалэн, 427.