щыкъуей

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

ЦӀыкӀу-цӀыкӀуу къута, зэпэщхьэхуэ хъуа.

рукрошки, крупинки чего-л.

Мывэ щыкъуей. ЩӀакхъуэ щыкъуей.

Kitapta geçtiği hali

щыкъуей крошки, крупинки чего-л. / ЦӀыкӀу-цӀыкӀуу къута, зэпэщхьэхуэ хъуа. Мывэ щыкъуей. ЩӀакхъуэ щыкъуей.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. ЦӀыкӀу-цӀыкӀуу къута, зэпэщхьэхуэ хъуа.

Псы зэрыт пэгуныр къыщхьэпридзри, унэ лъэгум мыл щыкъуей зыхэлъ псыр из хъуащ, Тембот и къамылри псым лъэныкъуэкӀэ ирихьэкӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 289

+2 örnek

Абы ищӀыӀужкӀэ жыгым укъеплъыхмэ, джэдкъаз пщӀантӀэм дэтыр щыкъуей цӀыкӀу защӀэу уолъагъу, тхьэджэдкӀэ уеджэныр Джэлил нэхъ хуэфащэуи къыфӀощӀыж.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 475

Щыгъэ бла Ӏэджэу уэгу щхъуантӀэм Вагъуэ щыкъуейхэр ипхъау .э, Шылъхуагъуэр кусэу пхырокӀыр, Къуаншэу кӀыфӀыгъэм хэтхъауэ.— Шыхулъагъуэ. «Шум и гъуэгу», 14

2. з

эхь. МыхъумыщӀэ, мыхьэнэншэ. Псэущхьэри абы хуэдэ къабзэщ: репрессие къом екӀуэкӀам цӀыху нэхъ лэжьэрейр, нэхъ акъылыфӀэр хэкӀуэдыкӀым, нэхъ пӀащэр яукӀ, ягъэкӀуэдурэ нэхъ щыкъуейр – лъэпкъкӀэ узыщыгугъ мыхъунур нэхъыбэ хъури, я генетическэ щылъхур езым ещхь хъужащи, нэхъ щыкъуейуэ къызэхэнар, лэжьэнми хэзагъэркъым, мылажьэми яшхын яӀэкъым, зым зыгуэр къыӀэщӀыхьамэ, ӀэщӀоуэри къыӀэщӀауду псэуну я гугъэ щхьэкӀэ, къайхъулӀэркъым.— Лъапсэ, 66

Kitapta geçtiği hali

ЩЫКЪУЕЙ (5). плъыф.1. (3). ЦӀыкӀу-цӀыкӀуу къута, зэпэщхьэхуэ хъуа. Псы зэрыт пэгуныр къыщхьэпридзри, унэ лъэгум мыл щыкъуей зыхэлъ псыр из хъуащ, Тембот и къамылри псым лъэныкъуэкӀэ ирихьэкӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 289. Абы ищӀыӀужкӀэ жыгым укъеплъыхмэ, джэдкъаз пщӀантӀэм дэтыр щыкъуей цӀыкӀу защӀэу уолъагъу, тхьэджэдкӀэ уеджэныр Джэлил нэхъ хуэфащэуи къыфӀощӀыж. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 475. Щыгъэ бла Ӏэджэу уэгу щхъуантӀэм Вагъуэ щыкъуейхэр ипхъау .э, Шылъхуагъуэр кусэу пхырокӀыр, Къуаншэу кӀыфӀыгъэм хэтхъауэ. Шыхулъагъуэ. «Шум и гъуэгу», 14. 2. (1). зэхь. МыхъумыщӀэ, мыхьэнэншэ. Псэущхьэри абы хуэдэ къабзэщ: репрессие къом екӀуэкӀам цӀыху нэхъ лэжьэрейр, нэхъ акъылыфӀэр хэкӀуэдыкӀым, нэхъ пӀащэр яукӀ, ягъэкӀуэдурэ нэхъ щыкъуейр – лъэпкъкӀэ узыщыгугъ мыхъунур нэхъыбэ хъури, я генетическэ щылъхур езым ещхь хъужащи, нэхъ щыкъуейуэ къызэхэнар, лэжьэнми хэзагъэркъым, мылажьэми яшхын яӀэкъым, зым зыгуэр къыӀэщӀыхьамэ, ӀэщӀоуэри къыӀэщӀауду псэуну я гугъэ щхьэкӀэ, къайхъулӀэркъым. Лъапсэ, 66.

Düzeltme Öner

щыкъуей
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.