щыкъу
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
шыкъу/щыкъу, хьакъушыкъу/ хьэкъущыкъу BULAŞIK
шыкъу/щыкъу; KAP (bulaşık)
щыкъу/шӀупщыкъу; KAYINBİRADER (damadın ~)
шӀупщыкъу/щыкъу; KAYINBİRADER (damadın ~i)
щыкъу → шыкъу; BULAŞIK, KAP
Bu sonuç kitaptaki 5 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: шыкъу
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Фызым и дыщ, и унэкъуэщхэр лӀым зэрыхущыт.
руродственники жены по отношению к мужу
И щыкъум я хадапхэмкӀэ щыблэкӀым, Мыхьэмэт макъ гуэр зэхех.— Къэрм. Хь.
Щыкъу къабзэ.
+1 örnek
Унэкум ит Ӏэнэ кӀыхьым цӀыхуибл зэрышхэн щыкъу тегъэуват.— Ӏуащхьэмахуэ
Еплъ: хьэкъущыкъу
Bu maddedeki ifadeler (4)
щыкъу адэ
Фызым и адэр лӀым зэрыхущыт.
рутесть
Къарэбатыр теуэ-тешэкӀэ и щыкъу адэм и пщӀантӀэ къыдашэж.— ӀуэрыӀуатэ
+1 örnek
Си щыкъу адэр щыхъанкӀэ сигъэшхын игъуэтынтэкъэ!— Дыщэ кӀанэ
щыкъу анэ
Фызым и анэр лӀым зэрыхущыт.
рутеща
Хъуэжэ и щыкъу анэр къыщӀыхьэри кӀийуэ щӀидзащ.— Хъуэжэ и таурыхъыщэ
щыкъу хъыджэбз
Фызым и шыпхъур лӀым зэрыхущыт.
рузоловка
щыкъу щӀалэ
Фызым и дэлъхур лӀым зэрыхущыт.
рушурин
Kitapta geçtiği hali
щыкъу I родственники жены по отношению к мужу / Фызым и дыщ, и унэкъуэщхэр лӀым зэрыхущыт. * И щыкъум я хадапхэмкӀэ щыблэкӀым, Мыхьэмэт макъ гуэр зэхех. Къэрм. Хь. щыкъу адэ тесть / Фызым и адэр лӀым зэрыхущыт. * Къарэбатыр теуэ-тешэкӀэ и щыкъу адэм и пщӀантӀэ къыдашэж. фольк. Си щыкъу адэр щыхъанкӀэ сигъэшхын игъуэтынтэкъэ! Дыщэ кӀ. щыкъу анэ теща / Фызым и анэр лӀым зэрыхущыт. * Хъуэжэ и щыкъу анэр къыщӀыхьэри кӀийуэ щӀидзащ. Хъу. и таур. щыкъу хъыджэбз золовка / Фызым и шыпхъур лӀым зэрыхущыт. щыкъу щӀалэ шурин / Фызым и дэлъхур лӀым зэрыхущыт. II см. хьэкъущыкъу. Щыкъу къабзэ. * Унэкум ит Ӏэнэ кӀыхьым цӀыхуибл зэрышхэн щыкъу тегъэуват. Ӏуащхь. III к.-з. см. шыкъу. * Сырымэ.. иридэт пыӀэ щыкъу дахэхэр. Хэкур м.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Фызым и дыщ, и унэкъуэщхэр лӀым зэрыхущыт.
Астемыр и щыкъур куэд хъурт, я малъхъэри фӀыуэ къалъагъурти, а лӀымкӀэ къэхэшэн щыӀэу къыщӀэкӀынутэкъым, арщхьэкӀэ лӀы зи къару илъыгъуэм хьэщӀэ защӀэу дунейр хуэхьынт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 159
Kitapta geçtiği hali
ЩЫКЪУ (5). Фызым и дыщ, и унэкъуэщхэр лӀым зэрыхущыт. Астемыр и щыкъур куэд хъурт, я малъхъэри фӀыуэ къалъагъурти, а лӀымкӀэ къэхэшэн щыӀэу къыщӀэкӀынутэкъым, арщхьэкӀэ лӀы зи къару илъыгъуэм хьэщӀэ защӀэу дунейр хуэхьынт. Хъуэпсэгъуэ нур, 159.