щыгъэпщкӀун
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(щегъэпщкӀу)
Зыгуэрым имыщӀэу, къомыгъащӀэу щэхуу зыгуэр Ӏыгъын, хъумэн.
руукрыть, спрятать кого-что-л. от кого-л.
Kitapta geçtiği hali
щыгъэпщкӀун (щегъэпщкӀу) перех. гл. укрыть, спрятать кого-что-л. от кого-л. / Зыгуэрым имыщӀэу, къомыгъащӀэу щэхуу зыгуэр Ӏыгъын, хъумэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(щегъэпщкӀу)
Зыгуэрым имыщӀэу, къомыгъащӀэу щэхуу зыгуэр Ӏыгъын, хъумэн.
Езыми абы гу лъитэри къэгузэвауэ, и напэр цӀыплъ къэхъуауэ Ӏэхъу зэрылъ Ӏэр стӀол щӀагъым щегъэпщкӀу.— Лъапсэ, 258
+2 örnek
Тембот зытегузэвыхьыр нэгъуэщӀт: Нурхьэлий и унэм Ӏэщэ сыт щигъэпщкӀуати, сымыщӀэу зыгуэр щӀэпщхьэрэ къищтэмэ, жиӀэрти кӀэлъыплъ зэпытт, уеблэмэ жэщым къэтэджу щыплъэ щыӀэт— Хъуэпсэгъуэ нур, 305
КъэкӀащ сэ си гум сипхъу сэ згъафӀэр, Сабийр хъумапӀэм щызгъэпщкӀуауэ, Си псылъэм иту псы езгъафэрт, И гуауэр си гум щымыткӀуауэ.— Сабий. «Шум и гъуэгу», 19
Kitapta geçtiği hali
ЩЫГЪЭПЩКӀУН (щегъэпщкӀу) лъэӀ. (8). Зыгуэрым имыщӀэу, къомыгъащӀэу щэхуу зыгуэр Ӏыгъын, хъумэн. Езыми абы гу лъитэри къэгузэвауэ, и напэр цӀыплъ къэхъуауэ Ӏэхъу зэрылъ Ӏэр стӀол щӀагъым щегъэпщкӀу. Лъапсэ, 258. Тембот зытегузэвыхьыр нэгъуэщӀт: Нурхьэлий и унэм Ӏэщэ сыт щигъэпщкӀуати, сымыщӀэу зыгуэр щӀэпщхьэрэ къищтэмэ, жиӀэрти кӀэлъыплъ зэпытт, уеблэмэ жэщым къэтэджу щыплъэ щыӀэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 305. КъэкӀащ сэ си гум сипхъу сэ згъафӀэр, Сабийр хъумапӀэм щызгъэпщкӀуауэ, Си псылъэм иту псы езгъафэрт, И гуауэр си гум щымыткӀуауэ. Сабий. «Шум и гъуэгу», 19.