щыгъуазэ щӀын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
щыгъуазэ
Зи нэгу щӀэкӀа, зыщӀэ, зылъэгъуа, Ӏуэхум щыгъуазэ.
Езы Апчарэ коммутатору фронтым щыщыӀам псоми щыгъуазэу зэрыщыта дыдэм хуэдэу, Хьэбиби дунейм къыщыхъум щыгъуазэт— Нал къута, 228
+2 örnek
Дадэр куэдым щыгъуазэу къыщӀэкӀащ.— Нал къута, 235
Махуэ къэс зэхуэзэу, зэхуэмызэмэ, зэхуэзэшу, зыр шхэну тӀысамэ, адрейр къриджэу, Инал урысыбзэм нэхъ щыгъуазэ дэнэ къэна, хьэрфхэри ищӀэ хъуат, арщхьэкӀэ а тӀур куэдрэ зэныбжьэгъуну тхьэм иухатэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 203
Deyimler (4)
щыгъуазэ зыщӀын
Зыгуэрым нэӀуасэ зыхуэщӀын; зэгъэщӀэн; зэгъэлъагъун.
А тӀур [Пыжьынэрэ Тамарэрэ] зэгурымыӀуэу я псалъэмакъыр абдеж щаухами, Тамарэ и къекӀуэкӀыкӀам щыгъуазэ зытщӀынщ, цӀыхубз уэндэгъур санитаркэу сымаджэщым щӀыщӀэтыр къыбгурӀуэн папщӀэ.— Лъапсэ, 23
щыгъуазэ хуэщӀын
Зыгуэр Ӏуэхугъуэ гуэрым хищӀыкӀыу щӀын.
Дэ къыддеджэ «жьыныбэ цӀыкӀури» [зи Ӏэр хэзылъхьэри] яхэтт, къуажэм каникул кӀуэжауэ ирихьэлӀати, ауэ Алий къэхъуам щыгъуазэ дызэрыхуищӀар мыращ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 524
+1 örnek
Хъыджэбз цӀыкӀум дэнэ щищӀэнт абы и гум илъым Ӏэюб щыгъуазэ хуищӀамэ, зэрынэхъыфӀыр— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 524
щыгъуазэ хъун
Зыгуэрым хэпщӀыкӀ хъун.
Езы Инали Мэтхъэным и къекӀуэкӀыкӀам, здэщыӀа, зи ужь ит сытхэм Ӏэджэм щыгъуазэ хъуащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529
+2 örnek
ТӀэкӀу-тӀэкӀуурэ Локотош Ӏуэхум щыгъуазэ хъуащ— Нал къута, 252
Пщащэм и нэгум уиплъакъэ – Игу илъым уохъур щыгъуазэ— Набдзэ. «Батырыбжьэ», 52
щыгъуазэ щӀын
Зыгуэрым хищӀыкӀ щӀын.
Нэхъапэ щӀыкӀэ Къулым и стӀолым тет телефон къомым щыгъуазэ ищӀащ цӀыхубзыр [Иринэ].— Нал къута, 238
+2 örnek
Румын гуэр диӀэт пхъащӀэу, пхъащӀэ Ӏуэхум щыгъуазэ дищӀыну шэнт щхьэгуэ сыт дигъэщӀырт, езым буфет дахэ ищӀурэ ищэрт, и фыз гъум лъахъшэр ди пщафӀэт.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526
Ауэрэ дзэм яхэзэгъа нэужь, Къэрэмырзэр штабым ираджэри я мурад щыгъуазэ къащӀ, щызэуэну щӀыналъэм и картэшхуэр унэ лъэгум ираубгъуауэ, дзэпщхэр къеувэкӀауэ зэхэтщи, кърагъэлъагъур хэт дэнэ деж з
Kitapta geçtiği hali
ЩЫГЪУАЗЭ (20). плъыф. Зи нэгу щӀэкӀа, зыщӀэ, зылъэгъуа, Ӏуэхум щыгъуазэ. Езы Апчарэ коммутатору фронтым щыщыӀам псоми щыгъуазэу зэрыщыта дыдэм хуэдэу, Хьэбиби дунейм къыщыхъум щыгъуазэт. Нал къута, 228. Дадэр куэдым щыгъуазэу къыщӀэкӀащ. Нал къута, 235. Махуэ къэс зэхуэзэу, зэхуэмызэмэ, зэхуэзэшу, зыр шхэну тӀысамэ, адрейр къриджэу, Инал урысыбзэм нэхъ щыгъуазэ дэнэ къэна, хьэрфхэри ищӀэ хъуат, арщхьэкӀэ а тӀур куэдрэ зэныбжьэгъуну тхьэм иухатэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 203. ◊ Щыгъуазэ зыщӀын (1). Зыгуэрым нэӀуасэ зыхуэщӀын; зэгъэщӀэн; зэгъэлъагъун. А тӀур [Пыжьынэрэ Тамарэрэ] зэгурымыӀуэу я псалъэмакъыр абдеж щаухами, Тамарэ и къекӀуэкӀыкӀам щыгъуазэ зытщӀынщ, цӀыхубз уэндэгъур санитаркэу сымаджэщым щӀыщӀэтыр къыбгурӀуэн папщӀэ. Лъапсэ, 23. Щыгъуазэ хуэщӀын (2). Зыгуэр Ӏуэхугъуэ гуэрым хищӀыкӀыу щӀын. Дэ къыддеджэ «жьыныбэ цӀыкӀури» [зи Ӏэр хэзылъхьэри] яхэтт, къуажэм каникул кӀуэжауэ ирихьэлӀати, ауэ Алий къэхъуам щыгъуазэ дызэрыхуищӀар мыращ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 524. Хъыджэбз цӀыкӀум дэнэ щищӀэнт абы и гум илъым Ӏэюб щыгъуазэ хуищӀамэ, зэрынэхъыфӀыр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 524. Щыгъуазэ хъун (7). Зыгуэрым хэпщӀыкӀ хъун. Езы Инали Мэтхъэным и къекӀуэкӀыкӀам, здэщыӀа, зи ужь ит сытхэм Ӏэджэм щыгъуазэ хъуащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529. ТӀэкӀу-тӀэкӀуурэ Локотош Ӏуэхум щыгъуазэ хъуащ. Нал къута, 252. Пщащэм и нэгум уиплъакъэ – Игу илъым уохъур щыгъуазэ. Набдзэ. «Батырыбжьэ», 52. Щыгъуазэ щӀын (7). Зыгуэрым хищӀыкӀ щӀын. Нэхъапэ щӀыкӀэ Къулым и стӀолым тет телефон къомым щыгъуазэ ищӀащ цӀыхубзыр [Иринэ]. Нал къута, 238. Румын гуэр диӀэт пхъащӀэу, пхъащӀэ Ӏуэхум щыгъуазэ дищӀыну шэнт щхьэгуэ сыт дигъэщӀырт, езым буфет дахэ ищӀурэ ищэрт, и фыз гъум лъахъшэр ди пщафӀэт. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526. Ауэрэ дзэм яхэзэгъа нэужь, Къэрэмырзэр штабым ираджэри я мурад щыгъуазэ къащӀ, щызэуэну щӀыналъэм и картэшхуэр унэ лъэгум ираубгъуауэ, дзэпщхэр къеувэкӀауэ зэхэтщи, кърагъэлъагъур хэт дэнэ деж з