щхьэщэхуж
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Щхьэхуимыту щыт гуэрым пщӀэкӀэ хуит зэрызыкъригъэщӀыж ахъшэ, мылъку.
рувыкуп, откуп
Kitapta geçtiği hali
щхьэщэхуж устар. выкуп, откуп / Щхьэхуимыту щыт гуэрым пщӀэкӀэ хуит зэрызыкъригъэщӀыж ахъшэ, мылъку.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Щхьэхимыту щыт гуэрым пщӀэкӀэ хуит зэрызыкъригъэщӀыж ахъшэ, мылъку.
ЦӀыхур я лъапсэм имызагъэу хэкур къыщӀызэрыӀэтар Урысейм къикӀа хъыбарыр арат: пщылӀыр Ӏахыну, щхьэщэхуж ящӀрэ зи щхьэ, зи бынунэ къэзыщэхужыфыр хуит хъуауэ ежьэжыну.— Лъапсэ, 138
+1 örnek
Хьэкурынэм дежкӀэ нобэ щхьэщэхуж махуэмэ, и щхьэм уасэ гуэр иӀэн хуейкъэ, - жиӀэри Къетау идакъым— Лъапсэ, 63
2. «Хъуэпсэгъуэ нур» романым къалэм и фэщыгъэцӀэу къыщокӀуэ.
Нэху зэрыщу тӀури зэгъусэу Мурад Щамхьун жыхуаӀэу шы къэзыщэхуу зыщэж гуэр Щхьэщэхуж дэсти, абы и деж кӀуащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 102
+1 örnek
ИжькӀэ уӀэбэмэ, Щхьэщэхуж жыхуаӀэ къалэр къызытекӀар адыгэ псоми ящӀэрт: а щӀыпӀэм дэни къыщаубыда гъэрхэр щызэхуашэсырти, зи щхьэ зыщэхужыфым фщэхужи хуит фохъу, жаӀэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 100
Kitapta geçtiği hali
ЩХЬЭЩЭХУЖ (7). 1. (2). Щхьэхимыту щыт гуэрым пщӀэкӀэ хуит зэрызыкъригъэщӀыж ахъшэ, мылъку. ЦӀыхур я лъапсэм имызагъэу хэкур къыщӀызэрыӀэтар Урысейм къикӀа хъыбарыр арат: пщылӀыр Ӏахыну, щхьэщэхуж ящӀрэ зи щхьэ, зи бынунэ къэзыщэхужыфыр хуит хъуауэ ежьэжыну. Лъапсэ, 138. Хьэкурынэм дежкӀэ нобэ щхьэщэхуж махуэмэ, и щхьэм уасэ гуэр иӀэн хуейкъэ, - жиӀэри Къетау идакъым. Лъапсэ, 63. 2. (5). «Хъуэпсэгъуэ нур» романым къалэм и фэщыгъэцӀэу къыщокӀуэ. Нэху зэрыщу тӀури зэгъусэу Мурад Щамхьун жыхуаӀэу шы къэзыщэхуу зыщэж гуэр Щхьэщэхуж дэсти, абы и деж кӀуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 102. ИжькӀэ уӀэбэмэ, Щхьэщэхуж жыхуаӀэ къалэр къызытекӀар адыгэ псоми ящӀэрт: а щӀыпӀэм дэни къыщаубыда гъэрхэр щызэхуашэсырти, зи щхьэ зыщэхужыфым фщэхужи хуит фохъу, жаӀэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 100.