щхьэщыкӀын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(щхьэщокӀ)
1. УкӀуэу е ужэу зыгуэрым япэ ищын.
руобогнать, опередить кого-что-л.
Шы къарэр псоми ящхьэщыкӀащ.
2. Щхьэщыта гуэр нэгъуэщӀ лъэныкъуэкӀэ кӀуэн, щхьэщымытыжу. Пшэр щхьэщыкӀын.
рупередвинуться, переместиться в сторону над кем-чем-л.
3. Зыгуэрым пщӀэ хуэмыщӀу, мыхьэнэ къимыгъэкӀыу къэгъэнэн.
русделать что-л. невнимательно, поверхностно
Ӏуэхум емыгугъуу ауэ сытми щхьэщыкӀын.
4. ЩӀэгузавэ зыгуэр зэфӀэкӀа, щхьэщыха хъун.
руизбавиться от чего-л. (беспокойства, заботы и т. п.)
Шынагъуэр щхьэщыкӀащ.
Kitapta geçtiği hali
щхьэщыкӀын (щхьэщокӀ) неперех. гл. 1. обогнать, опередить кого-что-л. / УкӀуэу е ужэу зыгуэрым япэ ищын. Шы къарэр псоми ящхьэщыкӀащ. 2. передвинуться, переместиться в сторону над кем-чем-л. / Щхьэщыта гуэр нэгъуэщӀ лъэныкъуэкӀэ кӀуэн, щхьэщымытыжу. Пшэр щхьэщыкӀын. 3. переносное сделать что-л. невнимательно, поверхностно / Зыгуэрым пщӀэ хуэмыщӀу, мыхьэнэ къимыгъэкӀыу къэгъэнэн. Ӏуэхум емыгугъуу ауэ сытми щхьэщыкӀын. 4. переносное избавиться от чего-л. (беспокойства, заботы и т. п.) / ЩӀэгузавэ зыгуэр зэфӀэкӀа, щхьэщыха хъун. Шынагъуэр щхьэщыкӀащ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(щхьэщокӀ)
1. Щхьэщыта гуэр нэгъуэщӀ лъэныкъуэкӀэ кӀуэн, щхьэщымытыжу.
И узыр щхьэщыкӀа щхьэкӀэ, ар иджыри фагъуэт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 290
+2 örnek
И губжьыр щхьэщыкӀыжакъэ – нэгъуэщӀ зыгуэр хъужащ жыпӀэнт.— Щынэхужьыкъуэ, 162
Псыри къуэ зэвым къикъуэлъыкӀыу йожэх, бахъэ къыщхьэщихур щхьэщымыкӀыу— Лъапсэ, 70
2. ЩӀэгузавэ гуэр зэфӀэкӀа, щхьэщыха хъун.
[Ботэх жиӀэу:] - Уи фэр Ӏейкъым тхьэм и шыкуркӀэ, тӀэкӀу умынэщхъеймэ, адрейр зырикӀщ, нэщхъеягъуэр пщхьэщыкӀащ, хъарзынэу псори йокӀуэкӀ.— Лъапсэ, 135
Kitapta geçtiği hali
ЩХЬЭЩЫКӀЫН (щхьэщокӀ) лъэмыӀ. (17). 1. (16). Щхьэщыта гуэр нэгъуэщӀ лъэныкъуэкӀэ кӀуэн, щхьэщымытыжу. И узыр щхьэщыкӀа щхьэкӀэ, ар иджыри фагъуэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 290. И губжьыр щхьэщыкӀыжакъэ – нэгъуэщӀ зыгуэр хъужащ жыпӀэнт. Щынэхужьыкъуэ, 162. Псыри къуэ зэвым къикъуэлъыкӀыу йожэх, бахъэ къыщхьэщихур щхьэщымыкӀыу. Лъапсэ, 70. 2. (1). зэхь. ЩӀэгузавэ гуэр зэфӀэкӀа, щхьэщыха хъун. [Ботэх жиӀэу:] - Уи фэр Ӏейкъым тхьэм и шыкуркӀэ, тӀэкӀу умынэщхъеймэ, адрейр зырикӀщ, нэщхъеягъуэр пщхьэщыкӀащ, хъарзынэу псори йокӀуэкӀ. Лъапсэ, 135.