щхьэпрыдзын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(щхьэпредз)

1. Зыгуэр нэгъуэщӀ гуэрым и щӀыӀукӀэ щхьэпрыкӀыу дзын.

руперекинуть что-л. через что-л.

Бжыхьым щхьэпрыдзын.

2. Зыгуэр къарукӀэ иудын, гъэджэлэн.

руповалить кого-л. силой

ПлӀэӀу гущэкӀэ сыщхьэпридзри нарт вагъэбдзумиблыр блыпкъкӀэ сигъэтхъущ.— Къэбэрдей поэзием и антологие

Kitapta geçtiği hali

щхьэпрыдзын (щхьэпредз) перех. гл. 1. перекинуть что-л. через что-л. / Зыгуэр нэгъуэщӀ гуэрым и щӀыӀукӀэ щхьэпрыкӀыу дзын. Бжыхьым щхьэпрыдзын. 2. повалить кого-л. силой / Зыгуэр къарукӀэ иудын, гъэджэлэн. * ПлӀэӀу гущэкӀэ сыщхьэпридзри нарт вагъэбдзумиблыр блыпкъкӀэ сигъэтхъущ. Къэб. п. и ант.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(щхьэпредз)

Зыгуэр нэгъуэщӀ гуэрым и щӀыӀукӀэ щхьэпрыкӀыу дзын

Аслъэным зыгуэр жиӀэну и жьэр щызэтрих дыдэм бжэщхьэӀу хуэдэу щылъ къурыкъум къыщхьэпрыщу цыжьбанэ къыщыщӀыхьэм къурыкъур гъумыщэти, къыщхьэпредзри къыдырым и пащхьэм къохутэ, кхъухьыпщыр игъэдыхьэшхыу.— Кхъухь пхэнж, 505

+2 örnek

КъиӀэту шкӀэр щхьэ бжыхьым щхьэпримыдзрэ, жиӀэрт Лу игукӀэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 279

Шыр яхуэмыкӀуэу зыкъратӀэмэ, я сокур къызэщӀэлыдэрэ мафӀэр къапылъэлъу бгъукӀэ еӀэрти, е щхьэпредз, и ужь итми къакӀэлъыкӀуэ

Kitapta geçtiği hali

ЩХЬЭПРЫДЗЫН (щхьэпредз) лъэӀ. (6). Зыгуэр нэгъуэщӀ гуэрым и щӀыӀукӀэ щхьэпрыкӀыу дзын. Аслъэным зыгуэр жиӀэну и жьэр щызэтрих дыдэм бжэщхьэӀу хуэдэу щылъ къурыкъум къыщхьэпрыщу цыжьбанэ къыщыщӀыхьэм къурыкъур гъумыщэти, къыщхьэпредзри къыдырым и пащхьэм къохутэ, кхъухьыпщыр игъэдыхьэшхыу. Кхъухь пхэнж, 505. КъиӀэту шкӀэр щхьэ бжыхьым щхьэпримыдзрэ, жиӀэрт Лу игукӀэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 279. Шыр яхуэмыкӀуэу зыкъратӀэмэ, я сокур къызэщӀэлыдэрэ мафӀэр къапылъэлъу бгъукӀэ еӀэрти, е щхьэпредз, и ужь итми къакӀэлъыкӀуэ

Düzeltme Öner

щхьэпрыдзын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.