щхьэгъэуз
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. ЗыӀыщӀа, зэхэхыгъуей, зэгуэп къызыхэкӀ (Ӏуэху).
рукаверзный, запутанный
Ӏуэху щхьэгъэуз.
2. Зи псалъэ, Ӏуэху мыхъумыщӀэхэр яужэгъу (цӀыху).
рудосаждающий, надоедливый (о человеке)
ЦӀыху щхьэгъэуз.
Kitapta geçtiği hali
щхьэгъэуз 1. каверзный, запутанный / ЗыӀыщӀа, зэхэхыгъуей, зэгуэп къызыхэкӀ (Ӏуэху). Ӏуэху щхьэгъэуз. 2. переносное досаждающий, надоедливый (о человеке) / Зи псалъэ, Ӏуэху мыхъумыщӀэхэр яужэгъу (цӀыху). ЦӀыху щхьэгъэуз.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. ЗыӀыщӀа, зэхэхыгъуей, зэгуэп къызыхэкӀ (Ӏуэху).
Ари зы щхьэгъэузти дыхэхуащ, жиӀащ Астемыр къэкӀуэжа иужь.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 553
2. Зи псалъэ Ӏуэху мыхъумыщӀэхэр яужэгъу цӀыху.
Махуэ къэмынэу гукӀэ къакӀуэри умыщӀэу, шууэ е шыд шууэ къакӀуэри куэду, лъэсри нэхъыбэжу щхьэгъэуз гуэрым къихуауэ, унэ хужь зэтетым деж къыщызэхуэсырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 276
+1 örnek
[Евдокимовым жиӀэу:] «Тыркум фыкӀуэмэ, щхьэгъэузыр нэхъ мащӀэ хъунущ», - жеӀэри, урыс пащтыхьу Александр ЕтӀуанэм щыхуэзам зыхуейр жиӀа нэужь, и щӀыбыр къахуигъазэри кӀэбгъу ищӀри дэкӀыжащ.— Лъапсэ, 203
Kitapta geçtiği hali
ЩХЬЭГЪЭУЗ (3). 1. (1). ЗыӀыщӀа, зэхэхыгъуей, зэгуэп къызыхэкӀ (Ӏуэху). Ари зы щхьэгъэузти дыхэхуащ, жиӀащ Астемыр къэкӀуэжа иужь. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 553. 2. (2). зэхь. Зи псалъэ Ӏуэху мыхъумыщӀэхэр яужэгъу цӀыху. Махуэ къэмынэу гукӀэ къакӀуэри умыщӀэу, шууэ е шыд шууэ къакӀуэри куэду, лъэсри нэхъыбэжу щхьэгъэуз гуэрым къихуауэ, унэ хужь зэтетым деж къыщызэхуэсырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 276. [Евдокимовым жиӀэу:] «Тыркум фыкӀуэмэ, щхьэгъэузыр нэхъ мащӀэ хъунущ», - жеӀэри, урыс пащтыхьу Александр ЕтӀуанэм щыхуэзам зыхуейр жиӀа нэужь, и щӀыбыр къахуигъазэри кӀэбгъу ищӀри дэкӀыжащ. Лъапсэ, 203.