щхьэ уасэ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зыгуэр хуит кърагъэщӀыжын е езым зыӀэрагъэхьэн щхьэкӀэ щӀат пщӀэ.
Зи псалъэ дыджыр насыпыншэщ, къыжьэдэкӀахэр и щхьэ уасэщ.— Псалъэ. «Вагъуэ махуэ», 357
+2 örnek
[Залымджэрий жиӀэу:] - Уи щхьэ уасэу лӀы дапщэкӀэ укъэхэша?— Хъуэпсэгъуэ нур, 459
«Мис ди щхьэ уасэр» жаӀэу аращ псоми я гум къэкӀар, езы люстрэри уафэм ис вагъуэщ жыпӀэну зэщӀолыдэ, зэщӀоблаблэ, мафӀэр къыполъэлъ.— Лъапсэ, 182
Kitapta geçtiği hali
ЩХЬЭ УАСЭ (5). Зыгуэр хуит кърагъэщӀыжын е езым зыӀэрагъэхьэн щхьэкӀэ щӀат пщӀэ. Зи псалъэ дыджыр насыпыншэщ, къыжьэдэкӀахэр и щхьэ уасэщ. Псалъэ. «Вагъуэ махуэ», 357. [Залымджэрий жиӀэу:] - Уи щхьэ уасэу лӀы дапщэкӀэ укъэхэша? Хъуэпсэгъуэ нур, 459. «Мис ди щхьэ уасэр» жаӀэу аращ псоми я гум къэкӀар, езы люстрэри уафэм ис вагъуэщ жыпӀэну зэщӀолыдэ, зэщӀоблаблэ, мафӀэр къыполъэлъ. Лъапсэ, 182.