щоджэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Чристэн динырылажьэм (попым) зэреджэу щыта фӀэщыгъэцӀэ (адыгэхэр чристэн диным щита зэманым).
рурелиг. устар. священник
Адыгэхэм муслъымэн диныр залымыгъэкӀэ щыхапщэм щыгъуэ щоджэн куэд яукӀащ.— Нэгумэ Шорэ
Kitapta geçtiği hali
щоджэн религ. устар. священник / Чристэн динырылажьэм (попым) зэреджэу щыта фӀэщыгъэцӀэ (адыгэхэр чристэн диным щита зэманым). * Адыгэхэм муслъымэн диныр залымыгъэкӀэ щыхапщэм щыгъуэ щоджэн куэд яукӀащ. Н. Ш.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
УнэцӀэ, «Хъуэпсэгъуэ нур» романымрэ, «Алъхъо» пьесэмрэ къыщокӀуэ. -56.
Щоджэн Хьэчимрэ Абыкъуэ Аскэрбийрэ я къуэ къэтти, абы щӀэупщӀэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 312
+1 örnek
Зы махуэ си дэлъхур къакӀуэри, тхьа, «НэкӀуэж ди шыпхъу, ди унэ уисмэ зи укъыдэхьэлъэкӀынкъым, я куэдщ Щоджэнхэ ерыскъы, уагъэпсэуфынущ» жиӀащ, тхьа, Къандыщэ— Алъхъо, 55
Адыгэхэр чристэн диным щита зэманым динырылажьэм (попым) зэреджэу щыта фӀэщыгъэцӀэ (адыгэхэр).
Степан Ильич глобусым бгъэдэтт, Коперник щоджэнхэм зэреныкъуэкъуам ещхьу, щӀыр кӀэрахъуэу зи фӀэщ мыхъум къеныкъуэкъуу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 383
Kitapta geçtiği hali
ЩОДЖЭН I (2). УнэцӀэ, «Хъуэпсэгъуэ нур» романымрэ, «Алъхъо» пьесэмрэ къыщокӀуэ. Щоджэн Хьэчимрэ Абыкъуэ Аскэрбийрэ я къуэ къэтти, абы щӀэупщӀэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 312. Зы махуэ си дэлъхур къакӀуэри, тхьа, «НэкӀуэж ди шыпхъу, ди унэ уисмэ зи укъыдэхьэлъэкӀынкъым, я куэдщ Щоджэнхэ ерыскъы, уагъэпсэуфынущ» жиӀащ, тхьа, Къандыщэ. Алъхъо, 55-56.
ЩОДЖЭН II (1). жьы, дин. Адыгэхэр чристэн диным щита зэманым динырылажьэм (попым) зэреджэу щыта фӀэщыгъэцӀэ (адыгэхэр). Степан Ильич глобусым бгъэдэтт, Коперник щоджэнхэм зэреныкъуэкъуам ещхьу, щӀыр кӀэрахъуэу зи фӀэщ мыхъум къеныкъуэкъуу. Хъуэпсэгъуэ нур, 383.