щауэбжьэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Щауэишыж зыхуащӀым нэхъыжьхэм ират хъуэхъубжьэ.
рузаздравный кубок, бокал, подаваемый старшими жениху
Щауэбжьэ етын.
Kitapta geçtiği hali
щауэбжьэ этн. заздравный кубок, бокал, подаваемый старшими жениху / Щауэишыж зыхуащӀым нэхъыжьхэм ират хъуэхъубжьэ. Щауэбжьэ етын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Щауэишыж зыхуащӀым нэхъыжьхэм ират хъуэхъубжьэ.
Пшапэр зэхэуа, зэхэмыуа жыпӀэу, аргуэру уэредадэ макъ къоӀу: ар щауэишыжыр щауэкъуэтыр и гъусэу къэсыжауэ арати, джэгушхуэ зэпагъэуар аргуэру къаублэж, унэм щӀэсахэр бжэӀупэм къызэрохь. Арыншэуи хъурэ: щауэм щауэбжьэ иратынущ, лэгъунэм щӀыхьэжыным и пэкӀэ.— Лъапсэ, 118
Kitapta geçtiği hali
ЩАУЭБЖЬЭ (1). Щауэишыж зыхуащӀым нэхъыжьхэм ират хъуэхъубжьэ. Пшапэр зэхэуа, зэхэмыуа жыпӀэу, аргуэру уэредадэ макъ къоӀу: ар щауэишыжыр щауэкъуэтыр и гъусэу къэсыжауэ арати, джэгушхуэ зэпагъэуар аргуэру къаублэж, унэм щӀэсахэр бжэӀупэм къызэрохь. Арыншэуи хъурэ: щауэм щауэбжьэ иратынущ, лэгъунэм щӀыхьэжыным и пэкӀэ. Лъапсэ, 118.