шэрыуэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ПСЭГЪАУ(э), щэрыу(э)/шэрыуэ; шхончау/фочауэ, Ӏэшэгъэпс/Ӏэщэгъэпс,тегъэпсыхьакӀу/тегъэпсыхьэ кӀуэ, СТРЕЛОК, НАВОДЧИК; NİŞANCI
шэрыуэ/щэрыу(э) → ПСЭГЪАУ(э); NİŞANCI
щэрыу(э)/шэрыуэ → ПСЭГЪАУ(э); NİŞANCI
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: псэгъауэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Зэуэм Ӏэзэу тезыгъахуэ (шабзэ, фоч, кӀэрахъуэ с. ху.).
руметкий
Дэ ди лӀыхъужьхэр .. Зауэм ныӀуохьэ, Псори шэрыуэу Зауэр яублэ.— ПащӀэ Бэчмырзэ
+1 örnek
Емызэш шэрыуэщ.— Псалъэжьхэр
2. Ӏуэхум хуэӀэзэу лажьэ; ӀэкӀуэлъакӀуэ.
руумелый, искусный, мастеровой
ПхъащӀэ шэрыуэ.
Bu maddedeki ifadeler (1)
псалъэ шэрыуэ
Еплъ: псалъэ
Kitapta geçtiği hali
шэрыуэ 1. меткий / Зэуэм Ӏэзэу тезыгъахуэ (шабзэ, фоч, кӀэрахъуэ с. ху.). * Дэ ди лӀыхъужьхэр .. Зауэм ныӀуохьэ, Псори шэрыуэу Зауэр яублэ. П. Б. Емызэш шэрыуэщ. (погов.) 2. умелый, искусный, мастеровой / Ӏуэхум хуэӀэзэу лажьэ; ӀэкӀуэлъакӀуэ. ПхъащӀэ шэрыуэ. Псалъэ шэрыуэ см. псалъэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Зэуэм Ӏэзэу тезыгъахуэ (шабзэ, фоч, кӀэрахъуэ с.ху.)
– [Мэмэт-щӀакъуэ:] Уэлэхьи, ушэрыуэм [Казбек Машевич], – Ботэх и адэр бгъэдэмыхьэпэу щакӀуэм щытхъуащ— Лъапсэ, 72
+2 örnek
[Хьэкурынэ:] – Зыгъауэр шэрыуэмэ, фочри шэрыуэщ— Лъапсэ, 103
ЛӀыр мышэрыуэмэ, фоч щӀызэрихьэн щыӀэххэкъым, – жиӀэри Къэрэжь дыхьэшхащ, и жьэшхуэм дзэуэ дэтыр уигъэлъагъуу, абы фоч игъэуэфу зэрыщытыр зымыщӀэ щыӀэтэкъым— Лъапсэ, 103
2. Зэбгъапщэм техуэ Ӏэщэ.
Ӏэщэ шэрыуэр щӀэпӀыгъыр Уи щхьэ пхъумэжу аращ.— Щхьэ закъуэу… Батырыбжьэ, 145
+1 örnek
[Хьэкурынэ:] – Зыгъауэр шэрыуэмэ, фочри шэрыуэщ— Лъапсэ, 103
Kitapta geçtiği hali
ШЭРЫУЭ (8). 1. (6). плъыф. Зэуэм Ӏэзэу тезыгъахуэ (шабзэ, фоч, кӀэрахъуэ с.ху.) – [Мэмэт-щӀакъуэ:] Уэлэхьи, ушэрыуэм [Казбек Машевич], – Ботэх и адэр бгъэдэмыхьэпэу щакӀуэм щытхъуащ. Лъапсэ, 72. [Хьэкурынэ:] – Зыгъауэр шэрыуэмэ, фочри шэрыуэщ. Лъапсэ, 103. ЛӀыр мышэрыуэмэ, фоч щӀызэрихьэн щыӀэххэкъым, – жиӀэри Къэрэжь дыхьэшхащ, и жьэшхуэм дзэуэ дэтыр уигъэлъагъуу, абы фоч игъэуэфу зэрыщытыр зымыщӀэ щыӀэтэкъым. Лъапсэ, 103. 2. (2). Зэбгъапщэм техуэ Ӏэщэ. Ӏэщэ шэрыуэр щӀэпӀыгъыр Уи щхьэ пхъумэжу аращ. Щхьэ закъуэу… «Батырыбжьэ», 145. [Хьэкурынэ:] – Зыгъауэр шэрыуэмэ, фочри шэрыуэщ. Лъапсэ, 103.