шэдыбжь

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

ГъущӀ зэрагъэплъ фӀамыщӀым ирищӀэпщэн папщӀэ фэм къыхэщӀыкӀарэ пшынэкум хуэдэу зэӀыкӀ-зэӀыхьэу кӀыщым къыщагъэсэбэп Ӏэмэпсымэ.

румех (кузнечный)

ШэдыбжькӀэ щӀэпщэн.

Bu maddedeki ifadeler (3)

шэдыбжь дамэ

Шэдыбжьым и джабэ зырызым кӀэрыту ар рамэм зэрырагъэувэ гъущӀ пӀиитӀыр.

ружелезные стержни с боков кузнечного меха

шэдыбжь уэнжакъ

Шэдыбжьым зэщӀигъаплъэ мафӀэм къыхих Ӏугъуэр икӀыу уэнжакъ папщӀэу щхьэщытыр.

рудымоходная труба над кузнечным горном

шэдыбжь Ӏупэ

Шэдыбжьым щыщу мафӀэм щӀэпщэ, жьыр къызэриху бжьамий.

руконцевая трубка кузнечного меха

Kitapta geçtiği hali

шэдыбжь мех (кузнечный) / ГъущӀ зэрагъэплъ фӀамыщӀым ирищӀэпщэн папщӀэ фэм къыхэщӀыкӀарэ пшынэкум хуэдэу зэӀыкӀ-зэӀыхьэу кӀыщым къыщагъэсэбэп Ӏэмэпсымэ. ШэдыбжькӀэ щӀэпщэн. шэдыбжь дамэ железные стержни с боков кузнечного меха / Шэдыбжьым и джабэ зырызым кӀэрыту ар рамэм зэрырагъэувэ гъущӀ пӀиитӀыр. шэдыбжь уэнжакъ дымоходная труба над кузнечным горном / Шэдыбжьым зэщӀигъаплъэ мафӀэм къыхих Ӏугъуэр икӀыу уэнжакъ папщӀэу щхьэщытыр. шэдыбжь Ӏупэ концевая трубка кузнечного меха / Шэдыбжьым щыщу мафӀэм щӀэпщэ, жьыр къызэриху бжьамий.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

ГъущӀ зэрагъэплъ фӀамыщӀым ирищӀэпщэн щхьэкӀэ фэм къыхэщӀыкӀарэ пшынэкум хуэдэу зэӀыкӀ-зэфӀыхьэу кӀыщым къыщагъэсэбэп Ӏэмэпсымэ.

КӀыщми зеиншафэ къытеуауэ, Ӏэуэлъауэ лъэпкъ щызэхыумыхыжу, сыдж ву макъми пичауэ, шэдыбжьым хъуаскӀэ къыдримыхуеижу нэщӀ хъуащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 295

+1 örnek

Хьэкурынэ шэдыбжь, сыдж, псылъэ, Ӏэдэуадэ жыпӀэми зэрыфӀэфӀ дыдэм хуэдэу игъэуващ, игъэтӀылъащ, кӀыщ бжэӀупэм дежи шы дэувапӀэ щищӀащ, шым нал щыщӀилъхьэну, мывэ щхьэли игъэтӀылъащ, гу шэрхъым шинэ трикъуэну.— Лъапсэ, 99

Kitapta geçtiği hali

ШЭДЫБЖЬ (2). ГъущӀ зэрагъэплъ фӀамыщӀым ирищӀэпщэн щхьэкӀэ фэм къыхэщӀыкӀарэ пшынэкум хуэдэу зэӀыкӀ-зэфӀыхьэу кӀыщым къыщагъэсэбэп Ӏэмэпсымэ. КӀыщми зеиншафэ къытеуауэ, Ӏэуэлъауэ лъэпкъ щызэхыумыхыжу, сыдж ву макъми пичауэ, шэдыбжьым хъуаскӀэ къыдримыхуеижу нэщӀ хъуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 295. Хьэкурынэ шэдыбжь, сыдж, псылъэ, Ӏэдэуадэ жыпӀэми зэрыфӀэфӀ дыдэм хуэдэу игъэуващ, игъэтӀылъащ, кӀыщ бжэӀупэм дежи шы дэувапӀэ щищӀащ, шым нал щыщӀилъхьэну, мывэ щхьэли игъэтӀылъащ, гу шэрхъым шинэ трикъуэну. Лъапсэ, 99.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

demirhane

Düzeltme Öner

шэдыбжь
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.