шынэхъыщӀэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Къуэш нэхъыщӀэ.
румладший брат
Таукъаным и шынэхъыщӀэр, уей маржэ, ар нэпщӀэуфэщ.— Къэбэрдей поэзием и антологие
2. НэхъыщӀэм зэрызэхуагъазэ псалъэ.
руласковое обращение к младшим по возрасту
Уэ, шынэхъыщӀэ, ТӀутӀ умыцӀыхункӀи хъунщ.— Советскэ Къэбэрдейм и ӀуэрыӀуатэхэр
Kitapta geçtiği hali
шынэхъыщӀэ 1. младший брат / Къуэш нэхъыщӀэ. * Таукъаным и шынэхъыщӀэр, уей маржэ, ар нэпщӀэуфэщ. Къэб. п. и ант. 2. ласковое обращение к младшим по возрасту / НэхъыщӀэм зэрызэхуагъазэ псалъэ. * Уэ, шынэхъыщӀэ, ТӀутӀ умыцӀыхункӀи хъунщ. Сов. Къэб. ифольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Къуэш нэхъыщӀэ.
Телъхьэ уанэр си шым, Уэ си шынэхъыщӀэ, Дахэм гу щызмыхуэу Нобэ сэ сошэс.— Телъхьэ уанэр си шым. «Мывэ хуабэ», 232
+2 örnek
Тембот и шынэхъыщӀэр къиӀэтри, Елдар иӀыгъ кӀапсэ кӀапэр къыӀэщӀилъхьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 100
А гулъытэм папщӀэ фӀыщӀэр Ди колхозым и Ӏэтащхьэу Уэрщ зыхуэсщӀыр, шынэхъыщӀэ, ЩыкӀуэдынкъым ар си пащхьэ— УнэщӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 32
Kitapta geçtiği hali
ШЫНЭХЪЫЩӀЭ (6). Къуэш нэхъыщӀэ. Телъхьэ уанэр си шым, Уэ си шынэхъыщӀэ, Дахэм гу щызмыхуэу Нобэ сэ сошэс. Телъхьэ уанэр си шым. «Мывэ хуабэ», 232. Тембот и шынэхъыщӀэр къиӀэтри, Елдар иӀыгъ кӀапсэ кӀапэр къыӀэщӀилъхьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 100. А гулъытэм папщӀэ фӀыщӀэр Ди колхозым и Ӏэтащхьэу Уэрщ зыхуэсщӀыр, шынэхъыщӀэ, ЩыкӀуэдынкъым ар си пащхьэ. УнэщӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 32.