шыныбэпх
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зытес е гум зыгуэр щыщӀащӀэкӀэ къагъэсэбэп, шым и ныбэгумкӀэ щӀэкӀыу зэрытрапхэ фэ кӀапсэ бгъуфӀэ.
руподпруга, поседельник
И саур уанэр трепӀэ, шыныбэпхищкӀэ щӀекъузэ.— ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
шыныбэпх подпруга, поседельник / Зытес е гум зыгуэр щыщӀащӀэкӀэ къагъэсэбэп, шым и ныбэгумкӀэ щӀэкӀыу зэрытрапхэ фэ кӀапсэ бгъуфӀэ. * И саур уанэр трепӀэ, шыныбэпхищкӀэ щӀекъузэ. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зытес е гум зыгуэр щыщӀащӀэкӀэ къагъэсэбэп, шым и ныбэгумкӀэ щӀэкӀыу зэрытрапхэ фэ кӀапсэ бгъуфӀэ.
Сэри си шым сеныкъуэкъуурэ си уанэр еутэхыным нэсащ, шыр апхуэдизкӀэ ерыщ екӀуащи, сепсыхрэ шыныбэпхыр щӀэскъузэну сыхуежьэмэ, и ныбэр къегъэпщ, сышэсыжмэ, аргуэру шыныбэпхыр къолэлэжри, згъэущмэ, сыкъещэтэхынкӀэ мэхъу.— Анка, 381
+1 örnek
Къэзмай къепсыхри хуэмурэ шыныбэпхыр итӀэтащ, уанэри тӀэкӀу шым и пхэщӀымкӀэ игъэкӀуэтащ, шыр щӀэгъущхьэжын щхьэкӀэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 620
Kitapta geçtiği hali
ШЫНЫБЭПХ (6). Зытес е гум зыгуэр щыщӀащӀэкӀэ къагъэсэбэп, шым и ныбэгумкӀэ щӀэкӀыу зэрытрапхэ фэ кӀапсэ бгъуфӀэ. Сэри си шым сеныкъуэкъуурэ си уанэр еутэхыным нэсащ, шыр апхуэдизкӀэ ерыщ екӀуащи, сепсыхрэ шыныбэпхыр щӀэскъузэну сыхуежьэмэ, и ныбэр къегъэпщ, сышэсыжмэ, аргуэру шыныбэпхыр къолэлэжри, згъэущмэ, сыкъещэтэхынкӀэ мэхъу. Анка, 381. Къэзмай къепсыхри хуэмурэ шыныбэпхыр итӀэтащ, уанэри тӀэкӀу шым и пхэщӀымкӀэ игъэкӀуэтащ, шыр щӀэгъущхьэжын щхьэкӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 620.