чэф

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

neşe
Ortakчэфвесёлостьрадость
DoğuгуфӀэгъуэгуфӀэпсныгъэгурыфӀыгъуэнэжэгужагъгукъыдэжнэщхъыфӀагъэ
BatıгушӀуагъогушӀопсныгъгурышӀугъонэшӀогушӀуагъ
Kitapta geçtiği hali

гушӀуагъо/гуфӀэгъуэ, гушӀопсныгъ/ гуфӀэпсныгъэ, гурышӀугъо/гурыфӀыгъуэ, нэжэгужагъ, гукъыдэж, нэшӀогушӀуагъ, нэщхъыфӀагъэ, ЧЭФ; ВЕСЁЛОСТЬ, РАДОСТЬ; NEŞE

Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Фадэм зэтрихуауэ нэжэгужэ, зэрыщымыта ищӀауэ щытыныгъэ.

рухмель, состояние опьянения

Чэф гуащӀэ.

Фадэ куэд зэрефам къыхэкӀыу егъэлеяуэ нэжэгужэ, зэрыщымыта хъуа.

рупьяный

ЩӀалэ чэф.

Bu maddedeki ifadeler (7)

чэф егъэгъуэтын

ру= навеселе.

чэф щӀын. чэф жан

чэф иӀэн

рубыть в состоянии опьянения, быть пьяным.

чэф къетын

ру= полупьяный.

чэф щӀын. чэф ныкъуэ

чэф пкърытын

рубыть пьяным.

Чэф пкърыту ХьэматӀэ ГъащӀэ тӀэкӀур егъакӀуэ. П. Б.

3 ifade daha

чэф хъун

руопьянеть.

чэф щӀын

руопьянить кого- л.

чэфыр пкърыун

рупротрезвиться.

Зы сыхьэт нэхъ дэмыкӀыу щӀалэм чэфыр пкърыуащ.— ӀуэрыӀуатэ

Kitapta geçtiği hali

чэф I хмель, состояние опьянения / Фадэм зэтрихуауэ нэжэгужэ, зэрыщымыта ищӀауэ щытыныгъэ. Чэф гуащӀэ. Чэф егъэгъуэтын = чэф щӀын. Чэф жан навеселе. Чэф иӀэн быть в состоянии опьянения, быть пьяным. Чэф къетын = чэф щӀын. Чэф ныкъуэ полупьяный. Чэф пкърытын быть пьяным. Чэф пкърыту ХьэматӀэ ГъащӀэ тӀэкӀур егъакӀуэ. П. Б. Чэф хъун опьянеть. Чэф щӀын опьянить кого- л. Чэфыр пкърыун протрезвиться. * Зы сыхьэт нэхъ дэмыкӀыу щӀалэм чэфыр пкърыуащ. фольк. II пьяный / Фадэ куэд зэрефам къыхэкӀыу егъэлеяуэ нэжэгужэ, зэрыщымыта хъуа. ЩӀалэ чэф.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Фадэм зэтрихуа, нэжэгужэ, зэрыщымыта ищӀа.

Гуэгушым укъигъэщӀа уэ? – жиӀэри Залымджэрий, и чэфыр губжьым щхьэщихуауэ, фызыжьым нэхъ гъунэгъу зыхуищӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 104

Deyimler (10)

чэф гъуэтын

Фадэм зэрыщымыта ищӀын.

Абы и хъыбарыр [Дзэлыкъуэ восстанэм] псоми тыншу ящӀэрт, ауэ мо чэф зыгъуэтахэр зэдауэу хуежьащ: зым «революционнэ восстанэу» къэлъытэн хуейщ жиӀэу яукъуэдиямэ, адрейхэм ядэртэкъым «Ӏэщ зиӀэмрэ шы зиӀэмрэ зызэраупсеямэ, ар революцэ?» – жаӀэу, ещанэм: «щӀыр зейуэ щытар хэт?»— Лъапсэ, 81

+2 örnek

Гуэгушыр ишхарэ цырибонми [Залымджэрий] ефэжауэ езым чэф игъуэтамэ, тхьэ иӀуэрт унагъуэм ис лӀыр игъэтӀысыну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 87

Уеблэмэ къущхьэ хьэщӀэхэм ерэн къашат фэндкӀэ, чэф зыгъуэтым и чэфыр игъэкӀуэдыжынщ, жаӀэри— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582

чэф егъэгъуэтын

Фадэм зэрыщымыт егъэщӀын.

Абдежыр хэщӀапӀэ ищӀынти [Залымджэрий], гуэгушыр ягъавэу цырибони къытрагъэувэху унэр зэӀищӀэрт, шхум шэ хикӀэрт, лы игъуэтмэ, яжьэм хилъхьэрт, джэдум и щхьэр пилъэрт вакъэнжейкӀэ, чыржыныр цырибоным хипӀытӀэрти, хьэм иригъэшхыурэ чэф иригъэгъуэтырт, ар фӀэдыхьэшхэну кӀийгуоуэ пщӀантӀэм дэтт— Хъуэпсэгъуэ нур, 87

чэф зэрыгъэхъун

Фадэ зэдефэурэ чэф зэтехъуэн.

УмыщӀэххэу зэ зы унэм, зэ адрейм е пщӀантӀэ кӀуэцӀым чэф зэрыгъэхъуахэр щызэфӀэнэрт, зыщызэраупсеи къэхъурт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 588

чэф иӀэн

Фадэм чэф къритауэ щытын.

Дорофеич, жыпӀэнщи, нэхъеижщ, чэф иӀэщи къыпхуэгъэушынукъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 555

+2 örnek

– Зы бжьэ закъуэ дгъэкӀуэщӀами, Тхьэ дыгъыӀэ, чэф димыӀэ— УнэщӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 33

Зи щхьэр пытым гъуэншэдж пхалъэр КъехьэлъэкӀыу егъэзэж, Самурайхэм чэфыр яӀэу КъызэплъэкӀыу мэкӀуэсэж— ПщыкӀуз. «Бгы лъапэхэм деж», 91

6 deyim daha

чэф къритын

Хъыбар гуэрым дэрэжэгъуэшхуэ къритын.

Псом нэхърэ нэхъ зызыгъэщӀагъуэр, нэхъ зыкъизыхыр Дисэт, насыпышхуэ къыхуихуам чэф къритауэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582

чэф хъун

Фадэм зэрыщымыта ищӀын.

Мэмэт-щӀакъуэри хъуэхъуэну къэтэджащ, Ӏэтащхьэм зэхихыжмэ, и гуапэ хъун гуэр жиӀэну, арщхьэкӀэ чэф хъуа къомыр даӀуэртэкъым, къызэщӀэвауэ, щхьэж зыхуейр жиӀэрт, Мэмэт-щӀакъуэр и макъым къызэрихькӀэ кӀийуэ хъуэхъуащ.— Лъапсэ, 46

+1 örnek

[Фызым:] Чэф хъуар чэф зимыӀэм я унэ ешэжри аращ и пэри и кӀэри.— Гъуэгуанэ, 124

чэф щӀын

Гум гуапэ щыхъу гуэрым, псэм фӀэфӀ гуэрым ӀущӀэн, хуэзэн, ирихьэлӀэн.

Удзымэ ӀэфӀхэм чэф сащӀауэ Ди унэ тӀэкӀум сокӀуэлӀэж.— Ди хэку аргуэру къызогъазэ. «Щхьэлыкъуэ», 379

+2 örnek

Арауэ къыщӀэкӀынт Нэху фадэм дихьэхам щӀегияр: «Губгъуэм уихьэмэ, къэкӀыгъэм я мэ ӀэфӀым чэф уещӀ, къуэм удыхьэмэ, псым нэжэгужэ уащӀауэ къыбогъэзэж, бгым уихьэмэ, дахагъэм псэр ятхьэкъу, хьэуам щыщ зыдэсшащэрэт жыбоӀэ, дэни плъэ – дунейм уи гур хегъахъуэ».— Кхъэлэгъунэ, 375

Лы гъэвам и мэри, джэд лыбжьэм и мэри зэхыхьэжауэ чэф уащӀыным хуэдэт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 576

чэфыжьыр (къы)Ӏурихын

Фадэ егъэлеяуэ ефауэ щытын.

[Васэ Гесод жриӀэу:] Тушкан уи гугъэкъэ сэ сыӀуезыгъэхуар. Чэфыжьыр Ӏурихыу машинэр зэрехуэ, хуэсакъ, Борис Борисович, ущхьэпригъэдзмэ, уи пэр щӀригъэвэнщ, жиӀэри бзэгу ихьащ.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 162

+1 örnek

Ар дауэ, шы фӀэкӀа мы Ӏэшэлъашэм цӀыху щызэхэзекӀуэу Лу илъэгъуакъым, иджы пырхъыр хэт, жиӀэу Лу плъэмэ – Дорофеич чэфыжьыр къыӀурихыу шхалъэм дэлъу мэпырхъ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 590

чэфым зэрихьэн

Егъэлеяуэ фадэм чэфыгъэ къритын.

Учкомыр зыпылъ хъыджэбзым деж кӀуащ, завхоз жыпӀэнущи, чэфым зэрехьэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 553

чэфыр щхьэщыхун

Фадэм кърита чэфыр пкърыгъэкӀын.

ЩӀалэ цӀыкӀум къихьа хъыбарыр псоми шэуэ ятехуэри, я чэфыр щхьэщихужащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 61

+1 örnek

Гуэгушым укъигъэщӀа уэ? – жиӀэри Залымджэрий, и чэфыр губжьым щхьэщихуауэ, фызыжьым нэхъ гъунэгъу зыхуищӀащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 104

Kitapta geçtiği hali

ЧЭФ (1). Фадэм зэтрихуа, нэжэгужэ, зэрыщымыта ищӀа. Гуэгушым укъигъэщӀа уэ? – жиӀэри Залымджэрий, и чэфыр губжьым щхьэщихуауэ, фызыжьым нэхъ гъунэгъу зыхуищӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 104. ◊ Чэф гъуэтын (4). Фадэм зэрыщымыта ищӀын. Абы и хъыбарыр [Дзэлыкъуэ восстанэм] псоми тыншу ящӀэрт, ауэ мо чэф зыгъуэтахэр зэдауэу хуежьащ: зым «революционнэ восстанэу» къэлъытэн хуейщ жиӀэу яукъуэдиямэ, адрейхэм ядэртэкъым «Ӏэщ зиӀэмрэ шы зиӀэмрэ зызэраупсеямэ, ар революцэ?» – жаӀэу, ещанэм: «щӀыр зейуэ щытар хэт?» Лъапсэ, 81. Гуэгушыр ишхарэ цырибонми [Залымджэрий] ефэжауэ езым чэф игъуэтамэ, тхьэ иӀуэрт унагъуэм ис лӀыр игъэтӀысыну. Хъуэпсэгъуэ нур, 87. Уеблэмэ къущхьэ хьэщӀэхэм ерэн къашат фэндкӀэ, чэф зыгъуэтым и чэфыр игъэкӀуэдыжынщ, жаӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582. Чэф егъэгъуэтын (1). Фадэм зэрыщымыт егъэщӀын. Абдежыр хэщӀапӀэ ищӀынти [Залымджэрий], гуэгушыр ягъавэу цырибони къытрагъэувэху унэр зэӀищӀэрт, шхум шэ хикӀэрт, лы игъуэтмэ, яжьэм хилъхьэрт, джэдум и щхьэр пилъэрт вакъэнжейкӀэ, чыржыныр цырибоным хипӀытӀэрти, хьэм иригъэшхыурэ чэф иригъэгъуэтырт, ар фӀэдыхьэшхэну кӀийгуоуэ пщӀантӀэм дэтт. Хъуэпсэгъуэ нур, 87. Чэф зэрыгъэхъун (1). Фадэ зэдефэурэ чэф зэтехъуэн. УмыщӀэххэу зэ зы унэм, зэ адрейм е пщӀантӀэ кӀуэцӀым чэф зэрыгъэхъуахэр щызэфӀэнэрт, зыщызэраупсеи къэхъурт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 588. Чэф иӀэн (13). Фадэм чэф къритауэ щытын. Дорофеич, жыпӀэнщи, нэхъеижщ, чэф иӀэщи къыпхуэгъэушынукъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 555. – Зы бжьэ закъуэ дгъэкӀуэщӀами, Тхьэ дыгъыӀэ, чэф димыӀэ… УнэщӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 33. Зи щхьэр пытым гъуэншэдж пхалъэр КъехьэлъэкӀыу егъэзэж, Самурайхэм чэфыр яӀэу КъызэплъэкӀыу мэкӀуэсэж. ПщыкӀуз. «Бгы лъапэхэм деж», 91. Чэф къритын (1). зэхь. Хъыбар гуэрым дэрэжэгъуэшхуэ къритын. Псом нэхърэ нэхъ зызыгъэщӀагъуэр, нэхъ зыкъизыхыр Дисэт, насыпышхуэ къыхуихуам чэф къритауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582. Чэф хъун (2). Фадэм зэрыщымыта ищӀын. Мэмэт-щӀакъуэри хъуэхъуэну къэтэджащ, Ӏэтащхьэм зэхихыжмэ, и гуапэ хъун гуэр жиӀэну, арщхьэкӀэ чэф хъуа къомыр даӀуэртэкъым, къызэщӀэвауэ, щхьэж зыхуейр жиӀэрт, Мэмэт-щӀакъуэр и макъым къызэрихькӀэ кӀийуэ хъуэхъуащ. Лъапсэ, 46. [Фызым:] Чэф хъуар чэф зимыӀэм я унэ ешэжри аращ и пэри и кӀэри. Гъуэгуанэ, 124. Чэф щӀын (6). зэхь. Гум гуапэ щыхъу гуэрым, псэм фӀэфӀ гуэрым ӀущӀэн, хуэзэн, ирихьэлӀэн. Удзымэ ӀэфӀхэм чэф сащӀауэ Ди унэ тӀэкӀум сокӀуэлӀэж. Ди хэку аргуэру къызогъазэ. «Щхьэлыкъуэ», 379. Арауэ къыщӀэкӀынт Нэху фадэм дихьэхам щӀегияр: «Губгъуэм уихьэмэ, къэкӀыгъэм я мэ ӀэфӀым чэф уещӀ, къуэм удыхьэмэ, псым нэжэгужэ уащӀауэ къыбогъэзэж, бгым уихьэмэ, дахагъэм псэр ятхьэкъу, хьэуам щыщ зыдэсшащэрэт жыбоӀэ, дэни плъэ – дунейм уи гур хегъахъуэ». Кхъэлэгъунэ, 375. Лы гъэвам и мэри, джэд лыбжьэм и мэри зэхыхьэжауэ чэф уащӀыным хуэдэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 576. Чэфыжьыр (къы)Ӏурихын (2). Фадэ егъэлеяуэ ефауэ щытын. [Васэ Гесод жриӀэу:] Тушкан уи гугъэкъэ сэ сыӀуезыгъэхуар. Чэфыжьыр Ӏурихыу машинэр зэрехуэ, хуэсакъ, Борис Борисович, ущхьэпригъэдзмэ, уи пэр щӀригъэвэнщ, жиӀэри бзэгу ихьащ. Тепщэч къэзылъэтыхь, 162. Ар дауэ, шы фӀэкӀа мы Ӏэшэлъашэм цӀыху щызэхэзекӀуэу Лу илъэгъуакъым, иджы пырхъыр хэт, жиӀэу Лу плъэмэ – Дорофеич чэфыжьыр къыӀурихыу шхалъэм дэлъу мэпырхъ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 590. Чэфым зэрихьэн (1). Егъэлеяуэ фадэм чэфыгъэ къритын. Учкомыр зыпылъ хъыджэбзым деж кӀуащ, завхоз жыпӀэнущи, чэфым зэрехьэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 553. Чэфыр щхьэщыхун (2). Фадэм кърита чэфыр пкърыгъэкӀын. ЩӀалэ цӀыкӀум къихьа хъыбарыр псоми шэуэ ятехуэри, я чэфыр щхьэщихужащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 61. Гуэгушым укъигъэщӀа уэ? – жиӀэри Залымджэрий, и чэфыр губжьым щхьэщихуауэ, фызыжьым нэхъ гъунэгъу зыхуищӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 104.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

hava keyif sarhoş sermest

Düzeltme Öner

чэф
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.