цех
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Ӏуэхугъуэ пыухыкӀа гуэрым щелэжь заводым е фабрикэм и зы Ӏыхьэ. Щызэпкъралъхьэ цех.
руцех
Kitapta geçtiği hali
цех цех / Ӏуэхугъуэ пыухыкӀа гуэрым щелэжь заводым е фабрикэм и зы Ӏыхьэ. Щызэпкъралъхьэ цех.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Ӏуэхугъуэ пыухыкӀа гуэрым щелэжь заводым е фабрикэм и зы Ӏыхьэ
[Алыджыкъуэ:] ЗаводымкӀэ сунэтӀри зы цехым сыщӀэкӀрэ нэгъуэщӀым сыщӀыхьэурэ, я Ӏуэху зыӀут зэзгъэлъэгъуащ— МелыӀыч, 451
+2 örnek
Ӏэщ щаукӀ цехым къыщыщӀэдзауэ, зышэч, холодильникым езыгъашэ, зыгъэтӀылъ – Ӏэджэ мэхъури, псоми яхуэфащэ ялъыгъэс: жэмым къишэчыр джэдым къишэчым хуэдиз фӀэкӀа мыхъууи ящӀыфынущ, танэм къишэчыр гуум къишэчыным нэхърэ нэхъыбэ ящӀынуми яхузэфӀокӀ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, сыт хуэдэ Ӏэщи къащтэ, къишэчыр аракъым зытращӀыхьыр, яӀэщӀэбгъуа ахъшэр зыхуэдизыр аращ— Лъапсэ, 97
Куэд дэмыкӀыу Астемыр цехым рабочэу щӀашащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 180
Kitapta geçtiği hali
ЦЕХ (10). Ӏуэхугъуэ пыухыкӀа гуэрым щелэжь заводым е фабрикэм и зы Ӏыхьэ. [Алыджыкъуэ:] ЗаводымкӀэ сунэтӀри зы цехым сыщӀэкӀрэ нэгъуэщӀым сыщӀыхьэурэ, я Ӏуэху зыӀут зэзгъэлъэгъуащ. МелыӀыч, 451. Ӏэщ щаукӀ цехым къыщыщӀэдзауэ, зышэч, холодильникым езыгъашэ, зыгъэтӀылъ – Ӏэджэ мэхъури, псоми яхуэфащэ ялъыгъэс: жэмым къишэчыр джэдым къишэчым хуэдиз фӀэкӀа мыхъууи ящӀыфынущ, танэм къишэчыр гуум къишэчыным нэхърэ нэхъыбэ ящӀынуми яхузэфӀокӀ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, сыт хуэдэ Ӏэщи къащтэ, къишэчыр аракъым зытращӀыхьыр, яӀэщӀэбгъуа ахъшэр зыхуэдизыр аращ. Лъапсэ, 97. Куэд дэмыкӀыу Астемыр цехым рабочэу щӀашащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 180.