хэт
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ХЭТ?; KİM?
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
руместоим. вопросит, и относит.
1.
рукто (о человеке);
2.
рулюбой, всякий
Kitapta geçtiği hali
хэт местоим. вопросит, и относит. 1. кто (о человеке); 2. любой, всякий
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Зи гугъу ящӀ, зытепсэлъыхь цӀыхур къегъэлъагъуэ. – 29.
Хэт мэл иукӀами арат – Якъубрэ Азрэтрэ я Ӏыхьэр лъагъэсырти, къэнар уи хьэлэлщ.— Нал къута, 251
+2 örnek
Урарэ фызыжьхэм япэ итт, «ана мыгъуэ, Инал къафэу хэт илъэгъуа куэд щӀауэ» жиӀэу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 598
Шабзэ зытехуам шабзэшэр къыщыхачыжкӀэ тхьэм елъэӀуу уэрэд жаӀэрт уӀэгъэр е емыкӀуэн щхьэкӀэ, тхьэгъуш, гъущӀыкӀэ гуэр къахьрэ фӀадэауэ хэт къыщӀыхьэми уадэкӀэ абы емыуэну Ӏэмал имыӀэу.— Лъапсэ, 28
2. ПсалъэухаитӀ (е нэхъыбэ) щызэпэщӀагъэувэкӀэ «зыр – адрейр», «зым – адрейм» мыхьэнэр къигъэлъагъуэу къагъэсэбэп.
Ахъшэри зэхуэдэт сытми, хэт пащтыхь ахъшэу, хэт кӀеренскэ ахъшэу къует.— Хъуэпсэгъуэ нур, 205
+2 örnek
ЗанщӀэу къызэщӀэващ псори: хэт инструментыр чырбыш хьэжыгъэкӀэ дывгъэлъэщӀ, жиӀэрт, хэти и щыгъыныр игъэкъабзэмэ нэхъ къищтэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 563
Хэт трофей кърет, хэти ахъшэ къэпитӀ къылъос, - жиӀэри.— Нал къута, 306
Deyimler (1)
хэт ищӀэрэ
ПщӀэну щыткъым.
Нып щӀыху зытетыр, хэт ищӀэрэ, нэмыцэм яубыда къалэхэр арауэ къыщӀэкӀынщ.— Нал къута, 239
+2 örnek
Хэт ищӀэрэ, Степан Ильич и мурадыпауи къыщӀэкӀынт а лӀы зэбиитӀыр зэригъэкӀужыну, Мэтхъэныр и хэкум къигъэкӀуэжыну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528
Алий гукъыдэж щӀагъуэ имыӀэу къыджеӀэ: - Ибрэхьими къигъэзэжынкӀэ хъунщ, хэт ищӀэрэ?— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 521
Atasözleri (1)
хэт Ӏущыр, щыжаӀэм, упщӀэр Ӏущщ, жаӀащ
Псори зыщӀэу зыкъэзылъытэжыр мыхъуу ищӀэнумкӀэ чэнджащэр аращ губзыгъэр, жыхуиӀэщ.
[Астемыр:] Хэт Ӏущыр, щыжаӀэм, упщӀэр Ӏущщ, жаӀащи, дызэвгъэупщӀ, дызэвгъэчэнджэщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 249
+1 örnek
[Кърум къыдырым жреӀэ:] Нэхъ Ӏущ щыжаӀам, щӀэупщӀэр нэхъ Ӏущщ, жаӀащ.— Кхъухь пхэнж, 496
Kitapta geçtiği hali
ХЭТ (880). зэр. цӀэп. 1. (835). Зи гугъу ящӀ, зытепсэлъыхь цӀыхур къегъэлъагъуэ. Хэт мэл иукӀами арат – Якъубрэ Азрэтрэ я Ӏыхьэр лъагъэсырти, къэнар уи хьэлэлщ. Нал къута, 251. Урарэ фызыжьхэм япэ итт, «ана мыгъуэ, Инал къафэу хэт илъэгъуа куэд щӀауэ» жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 598. Шабзэ зытехуам шабзэшэр къыщыхачыжкӀэ тхьэм елъэӀуу уэрэд жаӀэрт уӀэгъэр е емыкӀуэн щхьэкӀэ, тхьэгъуш, гъущӀыкӀэ гуэр къахьрэ фӀадэауэ хэт къыщӀыхьэми уадэкӀэ абы емыуэну Ӏэмал имыӀэу. Лъапсэ, 28 – 29. 2. (45). ПсалъэухаитӀ (е нэхъыбэ) щызэпэщӀагъэувэкӀэ «зыр – адрейр», «зым – адрейм» мыхьэнэр къигъэлъагъуэу къагъэсэбэп. Ахъшэри зэхуэдэт сытми, хэт пащтыхь ахъшэу, хэт кӀеренскэ ахъшэу къует. Хъуэпсэгъуэ нур, 205. ЗанщӀэу къызэщӀэващ псори: хэт инструментыр чырбыш хьэжыгъэкӀэ дывгъэлъэщӀ, жиӀэрт, хэти и щыгъыныр игъэкъабзэмэ нэхъ къищтэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 563. Хэт трофей кърет, хэти ахъшэ къэпитӀ къылъос, - жиӀэри. Нал къута, 306. ◊ Хэт ищӀэрэ (37). ПщӀэну щыткъым. Нып щӀыху зытетыр, хэт ищӀэрэ, нэмыцэм яубыда къалэхэр арауэ къыщӀэкӀынщ. Нал къута, 239. Хэт ищӀэрэ, Степан Ильич и мурадыпауи къыщӀэкӀынт а лӀы зэбиитӀыр зэригъэкӀужыну, Мэтхъэныр и хэкум къигъэкӀуэжыну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528. Алий гукъыдэж щӀагъуэ имыӀэу къыджеӀэ: - Ибрэхьими къигъэзэжынкӀэ хъунщ, хэт ищӀэрэ? Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 521. ☐ Хэт Ӏущыр, щыжаӀэм, упщӀэр Ӏущщ, жаӀащ (4). Псори зыщӀэу зыкъэзылъытэжыр мыхъуу ищӀэнумкӀэ чэнджащэр аращ губзыгъэр, жыхуиӀэщ. [Астемыр:] Хэт Ӏущыр, щыжаӀэм, упщӀэр Ӏущщ, жаӀащи, дызэвгъэупщӀ, дызэвгъэчэнджэщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 249. [Кърум къыдырым жреӀэ:] Нэхъ Ӏущ щыжаӀам, щӀэупщӀэр нэхъ Ӏущщ, жаӀащ. Кхъухь пхэнж, 496.