хэсын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(хэсщ)
1.
русидеть, находиться где-л., в
чем-л. (напр., в кустах; в компании и т.п.);
2.
руучаствовать в работе (заседаний, совета, совещания и т.п.);
3.
руучиться (в каком-л. классе, на каком-л. курсе и т.п.);
4.
ружить с семьей (не отделяясь);
5.
рунаходиться стационарно, постоянно днем и ночью (на полевых работах, на лесозаготовке и т.п.)
Kitapta geçtiği hali
хэсын (хэсщ) 1. сидеть, находиться где-л., в чем-л. (напр., в кустах; в компании и т.п.); 2. участвовать в работе (заседаний, совета, совещания и т.п.); 3. учиться (в каком-л. классе, на каком-л. курсе и т.п.); 4. жить с семьей (не отделяясь); 5. находиться стационарно, постоянно днем и ночью (на полевых работах, на лесозаготовке и т.п.)
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(хэсщ)
1. Щысу зыщӀыпӀэ щыӀэн.
Уэрамыр ятӀэт, уэшх къызэрешхырэ куэд щӀатэкъым, ятӀэпс инхэм зэрыгъэкӀийрэ пырхъ-мырхъ жаӀэу кхъуэхэр хэст, уэрамым къыхуэгъэза щхьэгъубжэм щхьэгъубжэӀупхъуэ къабзэ тӀэкӀухэр Ӏупхъуами, блынджабэхэр къыгуэлъэлъат, чы-бжэгъухэр плъагъуу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 113
+2 örnek
Псы адрыщӀымкӀэ щӀалэ цӀыкӀу зыкъом пабжьэм хэст, жэмхэр Ӏэхъуэм иратри къагъэзэжауэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 506
А жэщым Берие хьэщӀагъэшхуэ кърахыу, Тэрчкъалэ дэст, гупышхуэ яхэсрэ ефэ-ешхэшхуэ хуащӀауэ.— Лъапсэ, 86
2. Класс, курс гуэрым щеджэн.
Ботэх еплӀанэ классым хэсщи, яжепӀэмэ, я фӀэщ хъунукъым, зэгуэр бдзэжьей пащӀэкӀапсэ слъэгъуащ жиӀэри яжриӀати, къыщӀэнэкӀат.— Лъапсэ, 66
3. КъызыхэкӀа лъэпкъым, унагъуэм хэмыкӀыу щыпсэун.
Къалэм дэсри абы пэгъунэгъу къуажищым дэсым и нэхъыбитӀри адыгэт, ижь-ижьыжкӀэ мы щӀыналъэм муслъымэнхэм дахэсу дыпсэунщ, жаӀэу къитӀысхьауэ.— Лэчымэ, 389
+2 örnek
Урыс нысэ е осетин нысэ зиӀэм йоупщӀ: «Уи бынунэм уахэсу зыдебгъэшыну, хьэмэ укъанэмэ, нэхъ пфӀэфӀ?!» - жаӀэу.— Лъапсэ, 85
АбыкӀэ я хабзэр арат: хьэрыпым уахэскъэ – ухьэрыпщ, жаӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 664
4. Зыгуэрым хэзэгъауэ щытын.
Хэсщ уафэхъуэпскӀи уи набдзэм, Къэлыду, къэсмэ и пӀалъэ.— Набдзэ. «Батырыбжьэ», 52
+1 örnek
Ауэ вагъуэр данэм хэсу ПхузэӀуащэ уэ дуней.— Си щӀыналъэ. «Батырыбжьэ», 59
Kitapta geçtiği hali
ХЭСЫН (хэсщ) лъэмыӀ. (85). 1. (67). Щысу зыщӀыпӀэ щыӀэн. Уэрамыр ятӀэт, уэшх къызэрешхырэ куэд щӀатэкъым, ятӀэпс инхэм зэрыгъэкӀийрэ пырхъ-мырхъ жаӀэу кхъуэхэр хэст, уэрамым къыхуэгъэза щхьэгъубжэм щхьэгъубжэӀупхъуэ къабзэ тӀэкӀухэр Ӏупхъуами, блынджабэхэр къыгуэлъэлъат, чы-бжэгъухэр плъагъуу. Хъуэпсэгъуэ нур, 113. Псы адрыщӀымкӀэ щӀалэ цӀыкӀу зыкъом пабжьэм хэст, жэмхэр Ӏэхъуэм иратри къагъэзэжауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 506. А жэщым Берие хьэщӀагъэшхуэ кърахыу, Тэрчкъалэ дэст, гупышхуэ яхэсрэ ефэ-ешхэшхуэ хуащӀауэ. Лъапсэ, 86. 2. (2). Класс, курс гуэрым щеджэн. Ботэх еплӀанэ классым хэсщи, яжепӀэмэ, я фӀэщ хъунукъым, зэгуэр бдзэжьей пащӀэкӀапсэ слъэгъуащ жиӀэри яжриӀати, къыщӀэнэкӀат. Лъапсэ, 66. 3. (12). КъызыхэкӀа лъэпкъым, унагъуэм хэмыкӀыу щыпсэун. Къалэм дэсри абы пэгъунэгъу къуажищым дэсым и нэхъыбитӀри адыгэт, ижь-ижьыжкӀэ мы щӀыналъэм муслъымэнхэм дахэсу дыпсэунщ, жаӀэу къитӀысхьауэ. Лэчымэ, 389. Урыс нысэ е осетин нысэ зиӀэм йоупщӀ: «Уи бынунэм уахэсу зыдебгъэшыну, хьэмэ укъанэмэ, нэхъ пфӀэфӀ?!» - жаӀэу. Лъапсэ, 85. АбыкӀэ я хабзэр арат: хьэрыпым уахэскъэ – ухьэрыпщ, жаӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 664. 4. (4). зэхь. Зыгуэрым хэзэгъауэ щытын. Хэсщ уафэхъуэпскӀи уи набдзэм, Къэлыду, къэсмэ и пӀалъэ. Набдзэ. «Батырыбжьэ», 52. Ауэ вагъуэр данэм хэсу ПхузэӀуащэ уэ дуней. Си щӀыналъэ. «Батырыбжьэ», 59.