хэкӀуэтэн ӀӀ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(хокӀуатэ)
1. Зэманыр, гъэр с.ху. нэхъ гувауэ щытын.
Илъэс ныкъуэ нэхъыбэ дэмыкӀыу, щӀымахуэ пщыхьэщхьэр хэкӀуэтауэ, къэзакъ шу зыкъом Степан Ильич деж къыдэлъэдащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 203
+1 örnek
МакӀуэр макӀуэр, гъэр хокӀуатэ, Былэ Ӏуэхур къиӀэтащ.— Фыз унафэ. «Партыр ди пашэу», 111
2. Ныбжьыр илъэс бжыгъэ куэд хъун
Мызэ-мытӀэуи къыкъуэкӀащ зи ныбжь хэкӀуэта лӀы, къыздэкӀуэж жиӀэу, арщхьэкӀэ, Хьэкурынэ си насып щыхэмылъакӀэ, нэгъуэщӀ си псэм къищтэнукъым жиӀэурэ зыми дэкӀуэжын идакъым.— Лъапсэ, 108
+2 örnek
И ныбжькӀэ Щэрданыр хэкӀуэтатэкъым, ауэ фадэ жагъуэу зэримылъагъур уигъащӀэу и нэщӀащэр щӀэуфӀыцӀыкӀат, щӀыӀэ зыхэтар дауэ епӀэстхъами, и нэкӀушхуэ фафӀэр нэхъ плъыжь хъуакъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 290
Я ныбжь еджакӀуэм хэкӀуэтащи, Я къэрэндащыр яӀэщӀоху, Хьэрф ятхыр тӀэкӀуи къуаншэбыншэу ТхылъымпӀэр хьэлъэу зэбгыроху.— Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху. «Щхьэлыкъуэ», 384
Kitapta geçtiği hali
ХЭКӀУЭТЭН ІІ (хокӀуатэ) лъэмыӀ. (26). 1. (19). Зэманыр, гъэр с.ху. нэхъ гувауэ щытын. Илъэс ныкъуэ нэхъыбэ дэмыкӀыу, щӀымахуэ пщыхьэщхьэр хэкӀуэтауэ, къэзакъ шу зыкъом Степан Ильич деж къыдэлъэдащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 203. МакӀуэр макӀуэр, гъэр хокӀуатэ, Былэ Ӏуэхур къиӀэтащ. Фыз унафэ. «Партыр ди пашэу», 111. 2. (7). Ныбжьыр илъэс бжыгъэ куэд хъун. Мызэ-мытӀэуи къыкъуэкӀащ зи ныбжь хэкӀуэта лӀы, къыздэкӀуэж жиӀэу, арщхьэкӀэ, Хьэкурынэ си насып щыхэмылъакӀэ, нэгъуэщӀ си псэм къищтэнукъым жиӀэурэ зыми дэкӀуэжын идакъым. Лъапсэ, 108. И ныбжькӀэ Щэрданыр хэкӀуэтатэкъым, ауэ фадэ жагъуэу зэримылъагъур уигъащӀэу и нэщӀащэр щӀэуфӀыцӀыкӀат, щӀыӀэ зыхэтар дауэ епӀэстхъами, и нэкӀушхуэ фафӀэр нэхъ плъыжь хъуакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 290. Я ныбжь еджакӀуэм хэкӀуэтащи, Я къэрэндащыр яӀэщӀоху, Хьэрф ятхыр тӀэкӀуи къуаншэбыншэу ТхылъымпӀэр хьэлъэу зэбгыроху. Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху. «Щхьэлыкъуэ», 384.