хэзэгъэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(хозагъэ)

Зыхэтхэм ягурыӀуэу, ядэхъуу яхэт хъун. Хьэблэм яхэзэгъэн. 2. справиться с Зыгуэрым хищӀыкӀыу, хуэӀэкӀуэлъакӀуэу щытын. Зыгуэрым гурыӀуэн, узыхуейм къытегъэхуэн. ЛъэӀукӀэ хэзэгъэн. ♦

ру1. удержаться где-л., в чём-л. (напр. в каком-л. коллективе)

чем-л.

+1 örnek

Лэжьыгъэм хэзэгъэн. ӀэщӀагъэм хэзэгъэн. 3. зэхь. суметь договориться с кем-л. о чём-л.

Bu maddedeki ifadeler (2)

гушыӀэ хэзэгъэн

ру= .

гушыӀэ хэлъын

псалъэ хэзэгъэн

Еплъ: псалъэ

Kitapta geçtiği hali

хэзэгъэн (хозагъэ) неперех. 1. удержаться где-л., в чём-л. (напр. в каком-л. коллективе) / Зыхэтхэм ягурыӀуэу, ядэхъуу яхэт хъун. Хьэблэм яхэзэгъэн. 2. справиться с чем-л. / Зыгуэрым хищӀыкӀыу, хуэӀэкӀуэлъакӀуэу щытын. Лэжьыгъэм хэзэгъэн. ӀэщӀагъэм хэзэгъэн. 3. зэхь. суметь договориться с кем-л. о чём-л. / Зыгуэрым гурыӀуэн, узыхуейм къытегъэхуэн. ЛъэӀукӀэ хэзэгъэн. ♦ ГушыӀэ хэзэгъэн = гушыӀэ хэлъын. Псалъэ хэзэгъэн см. псалъэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(хозагъэ)

1. Зыхэтхэм ягурыӀуэу, ядэхъуу яхэт хъун. -410.

Нобэ цӀыхум уахозагъэ.— Нал къута, 254

+2 örnek

[Хьэбибэ Чокэ щхьэкӀэ жиӀэу:] Обкомым яшати – хэзэгъакъым, нацдивизэр къеджати – военнэ щыгъын хуэхъун ягъуэтакъым.— Щынэхужьыкъуэ, 32

Ауэрэ дзэм яхэзэгъа нэужь, Къэрэмырзэр штабым ираджэри я мурадым щыгъуазэ къащӀ, щызэуэну щӀыналъэм и картэшхуэр унэ лъэгум ираубгъуауэ, дзэпщхэр къеувэкӀауэ зэхэтщи, кърагъэлъагъур хэт дэнэ деж зыщричу бийм иубыда къалэм теуэнуми.— Лыгъэ, 409

2. Зыгуэрым гурыӀуэн, узыхуейм къытегъэхуэн.

ЛӀыжьхэм уащыхэмызагъэ къохъу: дэнэ дэ тхылъ щытхузэгъащӀэр, набгъэ дыхъуащ, жаӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 655

+2 örnek

Ар хэӀущӀыӀу мыхъуу къэнакъым, псоми къагурыӀуащ Валерэ ӀулъхьэкӀэ узэрыхэмызэгъэнур.— КӀапсэ кӀапэ, 17

Фи щӀыналъэр нэмыцэм яубыдауэ къыщӀэкӀынщи, фи хакӀуэри яӀэщӀыхьэнщ, жаӀа щхьэкӀэ, дадэм ухэзэгъэну Ӏэмал иӀэкъым.— Нал къута, 273

3. Зыгуэрым хищӀыкӀыу, хуэӀэкӀуэлъакӀуэу щытын.

Псэущхьэхэри абы хуэдэ къабзэщ: репрессие къом екӀуэкӀам цӀыхум нэхъ лажьэрейр, нэхъ акъылыфӀэр хэкӀуэдыкӀым, нэхъ пӀащэр яукӀ, ягъэкӀуэдурэ нэхъ щыкъуейр – лэпкъкӀэ узыщыгугъ мыхъунур нэхъыбэ хъури, я генетическэ щылъхур езым ещхь хъужащ, нэхъ щыкъуейуэ къызыхэнар, лэжьэнми хэзагъэркъым, мылажьэми яшхын яӀэкъым, зым зыгуэр къыӀэщӀыхьамэ, ӀэщӀоуэри къыӀэщӀауду псэуну я гугъэ щхьэкӀэ, къайхъулӀэркъым.— Лъапсэ, 66

+1 örnek

Хьэлэ гуэрхэри сщӀыри пхъэр ерагъыу зэгуэзгъэзым, хьэлэ дэзукӀэмэ, пхъэр плӀыуэ, тхууэ зэгуэзудри нэхъ сыхэзагъэ хъуащ.— МелыӀыч, 440

Kitapta geçtiği hali

ХЭЗЭГЪЭН (хозагъэ) лъэмыӀ. (29). 1. (6). Зыхэтхэм ягурыӀуэу, ядэхъуу яхэт хъун. Нобэ цӀыхум уахозагъэ. Нал къута, 254. [Хьэбибэ Чокэ щхьэкӀэ жиӀэу:] Обкомым яшати – хэзэгъакъым, нацдивизэр къеджати – военнэ щыгъын хуэхъун ягъуэтакъым. Щынэхужьыкъуэ, 32. Ауэрэ дзэм яхэзэгъа нэужь, Къэрэмырзэр штабым ираджэри я мурадым щыгъуазэ къащӀ, щызэуэну щӀыналъэм и картэшхуэр унэ лъэгум ираубгъуауэ, дзэпщхэр къеувэкӀауэ зэхэтщи, кърагъэлъагъур хэт дэнэ деж зыщричу бийм иубыда къалэм теуэнуми. Лыгъэ, 409-410. 2. (20). Зыгуэрым гурыӀуэн, узыхуейм къытегъэхуэн. ЛӀыжьхэм уащыхэмызагъэ къохъу: дэнэ дэ тхылъ щытхузэгъащӀэр, набгъэ дыхъуащ, жаӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 655. Ар хэӀущӀыӀу мыхъуу къэнакъым, псоми къагурыӀуащ Валерэ ӀулъхьэкӀэ узэрыхэмызэгъэнур. КӀапсэ кӀапэ, 17. Фи щӀыналъэр нэмыцэм яубыдауэ къыщӀэкӀынщи, фи хакӀуэри яӀэщӀыхьэнщ, жаӀа щхьэкӀэ, дадэм ухэзэгъэну Ӏэмал иӀэкъым. Нал къута, 273. 3. (2). Зыгуэрым хищӀыкӀыу, хуэӀэкӀуэлъакӀуэу щытын. Псэущхьэхэри абы хуэдэ къабзэщ: репрессие къом екӀуэкӀам цӀыхум нэхъ лажьэрейр, нэхъ акъылыфӀэр хэкӀуэдыкӀым, нэхъ пӀащэр яукӀ, ягъэкӀуэдурэ нэхъ щыкъуейр – лэпкъкӀэ узыщыгугъ мыхъунур нэхъыбэ хъури, я генетическэ щылъхур езым ещхь хъужащ, нэхъ щыкъуейуэ къызыхэнар, лэжьэнми хэзагъэркъым, мылажьэми яшхын яӀэкъым, зым зыгуэр къыӀэщӀыхьамэ, ӀэщӀоуэри къыӀэщӀауду псэуну я гугъэ щхьэкӀэ, къайхъулӀэркъым. Лъапсэ, 66. Хьэлэ гуэрхэри сщӀыри пхъэр ерагъыу зэгуэзгъэзым, хьэлэ дэзукӀэмэ, пхъэр плӀыуэ, тхууэ зэгуэзудри нэхъ сыхэзагъэ хъуащ. МелыӀыч, 440.

Düzeltme Öner

хэзэгъэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.