хэжеен
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(хожае)
рупроспать (проснуться позже, чем нужно);
хэжаери мафӀэгум къыкӀэрыхуащ— проспал и опоздал на поезд
Kitapta geçtiği hali
хэжеен (хожае) проспать (проснуться позже, чем нужно); * хэжаери мафӀэгум къыкӀэрыхуащ проспал и опоздал на поезд
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(хожае)
ПӀалъэ гуэрым фӀэкӀыу жеин; куэдрэ жеин.
Лу зэрыхэжеяр и жагъуэ хъуами, жэмыр щилъагъум, къэгуфӀэжащ, насыпышхуэу къилъытауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 317
+2 örnek
Абдежым щыщӀэдзауэ ЛӀыгъур лэгъунэм щӀэлъщ, «сыхэмыжеящэрэт» жиӀэу пщэдджыжь нэхущым къэтэджрэ щауэу здэкӀуэжа и ныбжьэгъум и гъусэу дэкӀыжу.— Лъапсэ, 119
Гуауэ папщӀи ар зэгъакъым, Зэи пщэдджыжьым хэжеякъым.— Тисей, 500
Kitapta geçtiği hali
ХЭЖЕЕН (хожае) лъэмыӀ. (7). ПӀалъэ гуэрым фӀэкӀыу жеин; куэдрэ жеин. Лу зэрыхэжеяр и жагъуэ хъуами, жэмыр щилъагъум, къэгуфӀэжащ, насыпышхуэу къилъытауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 317. Абдежым щыщӀэдзауэ ЛӀыгъур лэгъунэм щӀэлъщ, «сыхэмыжеящэрэт» жиӀэу пщэдджыжь нэхущым къэтэджрэ щауэу здэкӀуэжа и ныбжьэгъум и гъусэу дэкӀыжу. Лъапсэ, 119. Гуауэ папщӀи ар зэгъакъым, Зэи пщэдджыжьым хэжеякъым. «Тисей», 500.