хьэхун
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(ехьэху)
Дэхьэхын.
руувлечь, привлечь, покорить
ЦӀыхуу щыӀэм сыкъамыщӀэу дахэ пщэхум сэ сехьэху.— Акъсырэ Залымхъан
(ехьэху)
Зыгуэр къэхьэхун.
рувыиграть что-л.
ДыщӀэгъращ, кӀэну диӀэр мис мыбы ихьэхуащ.— ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
хьэхун I (ехьэху) перех. гл. увлечь, привлечь, покорить / Дэхьэхын. * ЦӀыхуу щыӀэм сыкъамыщӀэу дахэ пщэхум сэ сехьэху. Акъ. З. II (ехьэху) перех. гл. выиграть что-л. / Зыгуэр къэхьэхун. * ДыщӀэгъращ, кӀэну диӀэр мис мыбы ихьэхуащ. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(ехьэху)
Зыгуэр дэхьэхын, зыгуэрым дихьэхын.
ЛафкӀэтетым Дисэр ихьэхуат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 130
+2 örnek
А щӀалищым я гур, я псэр Хъыджэбз гуакӀуэм ихьэхуащ.— Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 39
Абы сэ си псэр мис ехьэху, Ар щэху сэ сщӀыни зи слъэмыкӀ— Гупсысэ лъапӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 14
Kitapta geçtiği hali
ХЬЭХУН (ехьэху) лъэӀ. (7). Зыгуэр дэхьэхын, зыгуэрым дихьэхын. ЛафкӀэтетым Дисэр ихьэхуат. Хъуэпсэгъуэ нур, 130. А щӀалищым я гур, я псэр Хъыджэбз гуакӀуэм ихьэхуащ. Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 39. Абы сэ си псэр мис ехьэху, Ар щэху сэ сщӀыни зи слъэмыкӀ. Гупсысэ лъапӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 14.