хьэрэм
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
къоды/къуэды, ХЬАРАМ/ХЬЭРЭМ, (Абз. ХЬАРАМ); HARAM
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Муслъымэн диным пшхыуэ имыдэ ерыскъы.
рурелиг. запрещенная мусульманской религией пища
Хьэрэм зыӀумыгъэхуэн.
2. Мыхьэлэлу, хабзэншэу, ӀэбжьанэфӀеягъкӀэ зыӀэрыгъэхьа гуэр.
рунезаконно, нечестно приобретенное что-л.
Хьэрэмым хьэрэм къешэ.— Псалъэжьхэр
1. Муслъымэн диным пшхыну имыдэ, фӀэмыхьэлэл.
рурелиг. запрещенный мусульманской религией (о пище)
2. Мыхьэлэл, мыхей.
рунезаконно, нечестно приобретенный
Мылъку хьэрэм.
Bu maddedeki ifadeler (5)
хьэрэм и гум илъын
рубыть нечестным, непорядочным.
хьэрэм и гум имылъын
рубыть честным, порядочным.
хьэрэм хуэхъун
руне пойти впрок (о чем-л. незаконно приобретенном).
хьэрэм шхын
ру1) съесть что-л. запрещенное мусульманской религией 2) обмануть кого-л. (напр. обмерить, обвесить и т. п.).
хьэрэм щӀын
рупроклять кого-л., порвать с кем-л. связи.
- Хьэрэм сащӀауэ хэкум сраху, - жиӀащ Азэпщ и къуэм.— ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
хьэрэм I 1. религ. запрещенная мусульманской религией пища / Муслъымэн диным пшхыуэ имыдэ ерыскъы. Хьэрэм зыӀумыгъэхуэн. 2. что-л. незаконно, нечестно приобретенное / Мыхьэлэлу, хабзэншэу, ӀэбжьанэфӀеягъкӀэ зыӀэрыгъэхьа гуэр. * Хьэрэмым хьэрэм къешэ. (погов.) Хьэрэм и гум илъын быть нечестным, непорядочным. Хьэрэм и гум имылъын быть честным, порядочным. Хьэрэм хуэхъун пренебреж. сл. не пойти впрок (о чем-л. незаконно приобретенном). Хьэрэм шхын 1) съесть что-л. запрещенное мусульманской религией 2) обмануть кого-л. (напр. обмерить, обвесить и т. п.). Хьэрэм щӀын проклять кого-л., порвать с кем-л. связи. * - Хьэрэм сащӀауэ хэкум сраху, - жиӀащ Азэпщ и къуэм. фольк. II 1. религ. запрещенный мусульманской религией (о пище) / Муслъымэн диным пшхыну имыдэ, фӀэмыхьэлэл. 2. незаконно, нечестно приобретенный / Мыхьэлэл, мыхей. Мылъку хьэрэм.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Муслъымэн диным пшхыуэ имыдэ ерыскъы.
[Афицарым сэлэтхэм жриӀэу:] Кхъуэлыр фи хьэрэммэ, нобэ щыщӀэдзауэ сэ лы фытезгъаплъэмэ, сэращ къуаншэр!— Хъуэпсэгъуэ нур, 175
+1 örnek
Жэмыр лӀа пэтрэ, Хьэту фӀигъэжыжати, лъы ткӀуэпс къыщыщӀэмыкӀым, «псэхэлӀэр хьэрэмщ», жиӀэри и фэр трихри икъуащ, вакъапхъэ ищӀыну – арат илъэс псокӀэ къилэжьар.— Къалэн, 429
2. Мыхьэлэлу, хабзэншэу, ӀэбжьанэфӀеягъкӀэ зыӀэрагъэхьа гуэр.
ЛатӀифэ хьэрэм фӀэфӀт, модрейм ар и гум техуэну Ӏэмал зимыӀэщ, куэди щӀакъым Ӏуэху мыфэмыц гуэр къызэрыхъурэ— Лъапсэ, 8
Deyimler (4)
хьэрэм и гум имылъын
ЦӀыху хьэлэлу щытын, Ӏей и гум къэмыкӀын. -529.
[Степан Ильич Инал жриӀэу:] Абы хуэдэ къабзэу, зигу хьэрэм имылъ псори ди лъэныкъуэ хъунущ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528
+1 örnek
– АтӀэ, Нурхьэлий, сэ жысӀэр уэ къыжыӀэжи, уи гум хьэрэм имылъмэ, псалъэ жыпӀэм пцӀы зэрыхэмылъыр уи тхьэлъанэщ, мыр Хъалилхэ я къурӀэнщ, тхьэ Ӏуэ, – жиӀэри Сэид къурӀэн ин гуэр иӀыгъыу утыкум къихьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 154
хьэрэм имышхын
И гуащӀэдэкӀкӀэ, и къарукӀэ псэужын.
И жьыщхьэм [Шаукэт] и щхьэ закъуэ и лъакъуитӀу унэ нэщӀым къыщыщӀэнакӀэ, сыт къыхуащӀэми, хуэфащэщ, игъащӀэм лажьэ-шхэжу мэпсэу, хьэрэм лъэпкъ ишхакъым, Ӏэбэлъабэми ящыщакъым.— Аргъуей, 386
хьэрэм шхын
Зыгуэр къэгъэпцӀэн, и мылъку фӀэшхын.
– Хьэрэми хьэлэли зышхар зыхуэзапхъэм хуэзэнщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 314
+2 örnek
ГъэщӀэгъуэныр аракъэ: зыми хьэрэм ишхауэ гу лъататэкъым, яшха-ирафам и уасэр щаткӀэ счетым псори тэмэму иратхэрт, сыту жыпӀэмэ, абы я директор Раисэ МуратовнэкӀэ зэджэр ткӀийт, лей ирахауэ илъэгъуакъэ – зэфӀэкӀат, официанткэр тримыгъэкӀыну Ӏэмал зимыӀэт.— Лъапсэ, 25
[ЦӀыкӀущэ зэӀущӀэм яжриӀэу:] – Хьэрэм сшхыуэ гурыщхъуэ щыфщӀакӀэ, зы махуэ сыдэсыжынукъым фи къуажэ.— Нэгъуху, 20
хьэрэм щӀын
Зыгуэр бий щӀын, зыбгъэдэмыгъэхьэн.
Андемыркъаныр щапӀауэ Ди щӀыгуу лъапӀэм, бийр тетщи, УищӀащ къэрабгъэр хьэрэм— Адэ, 140
+1 örnek
Удыным нэхърэ нэхъ зыхищӀащ гъукӀэм Залымджэрий и псалъэр: – Уи фыз дыдэми хьэрэм уищӀащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 293
Atasözleri (1)
езым фӀимыгъэжар хьэрэмщ
Еплъ: езы
Kitapta geçtiği hali
ХЬЭРЭМ (3). 1. (2). Муслъымэн диным пшхыуэ имыдэ ерыскъы. [Афицарым сэлэтхэм жриӀэу:] Кхъуэлыр фи хьэрэммэ, нобэ щыщӀэдзауэ сэ лы фытезгъаплъэмэ, сэращ къуаншэр! Хъуэпсэгъуэ нур, 175. Жэмыр лӀа пэтрэ, Хьэту фӀигъэжыжати, лъы ткӀуэпс къыщыщӀэмыкӀым, «псэхэлӀэр хьэрэмщ», жиӀэри и фэр трихри икъуащ, вакъапхъэ ищӀыну – арат илъэс псокӀэ къилэжьар. Къалэн, 429. 2. (1). Мыхьэлэлу, хабзэншэу, ӀэбжьанэфӀеягъкӀэ зыӀэрагъэхьа гуэр. ЛатӀифэ хьэрэм фӀэфӀт, модрейм ар и гум техуэну Ӏэмал зимыӀэщ, куэди щӀакъым Ӏуэху мыфэмыц гуэр къызэрыхъурэ. Лъапсэ, 8. ◊ Хьэрэм и гум имылъын (2). ЦӀыху хьэлэлу щытын, Ӏей и гум къэмыкӀын. [Степан Ильич Инал жриӀэу:] Абы хуэдэ къабзэу, зигу хьэрэм имылъ псори ди лъэныкъуэ хъунущ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528-529. – АтӀэ, Нурхьэлий, сэ жысӀэр уэ къыжыӀэжи, уи гум хьэрэм имылъмэ, псалъэ жыпӀэм пцӀы зэрыхэмылъыр уи тхьэлъанэщ, мыр Хъалилхэ я къурӀэнщ, тхьэ Ӏуэ, – жиӀэри Сэид къурӀэн ин гуэр иӀыгъыу утыкум къихьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 154. Хьэрэм имышхын (1). И гуащӀэдэкӀкӀэ, и къарукӀэ псэужын. И жьыщхьэм [Шаукэт] и щхьэ закъуэ и лъакъуитӀу унэ нэщӀым къыщыщӀэнакӀэ, сыт къыхуащӀэми, хуэфащэщ, игъащӀэм лажьэ-шхэжу мэпсэу, хьэрэм лъэпкъ ишхакъым, Ӏэбэлъабэми ящыщакъым. Аргъуей, 386. Хьэрэм шхын (3). Зыгуэр къэгъэпцӀэн, и мылъку фӀэшхын. – Хьэрэми хьэлэли зышхар зыхуэзапхъэм хуэзэнщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 314. ГъэщӀэгъуэныр аракъэ: зыми хьэрэм ишхауэ гу лъататэкъым, яшха-ирафам и уасэр щаткӀэ счетым псори тэмэму иратхэрт, сыту жыпӀэмэ, абы я директор Раисэ МуратовнэкӀэ зэджэр ткӀийт, лей ирахауэ илъэгъуакъэ – зэфӀэкӀат, официанткэр тримыгъэкӀыну Ӏэмал зимыӀэт. Лъапсэ, 25. [ЦӀыкӀущэ зэӀущӀэм яжриӀэу:] – Хьэрэм сшхыуэ гурыщхъуэ щыфщӀакӀэ, зы махуэ сыдэсыжынукъым фи къуажэ. Нэгъуху, 20. Хьэрэм щӀын (2). Зыгуэр бий щӀын, зыбгъэдэмыгъэхьэн. Андемыркъаныр щапӀауэ Ди щӀыгуу лъапӀэм, бийр тетщи, УищӀащ къэрабгъэр хьэрэм. «Адэ», 140. Удыным нэхърэ нэхъ зыхищӀащ гъукӀэм Залымджэрий и псалъэр: – Уи фыз дыдэми хьэрэм уищӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 293. ☐ Езым фӀимыгъэжар хьэрэмщ (1). Еплъ езы.