хьэрийкурий
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. ПӀейтеиныгъэ.
рунеразбериха, суматоха
Тобэ ярэби дунейр хьэрийкурий ин хъуну къыщӀэкӀынщ.— КӀыщокъуэ Алим
2. КумблӀэмб.
рурытвины, ухабы
Гъуэгур хьэрийкурий-уэрэ къакӀуэти, зы кумбыр зэпиупщӀри дэгъэзеигъуэм кӀэрылъэдауэ Игнат пхъэр къызэрыкӀэлъыкӀуэ гу лъитащ.— Хэкур мэгъагъэ
Kitapta geçtiği hali
хьэрийкурий 1. неразбериха, суматоха / ПӀейтеиныгъэ. * Тобэ ярэби дунейр хьэрийкурий ин хъуну къыщӀэкӀынщ. КӀ. А. 2. к.-з. рытвины, ухабы / КумблӀэмб. * Гъуэгур хьэрийкурий-уэрэ къакӀуэти, зы кумбыр зэпиупщӀри дэгъэзеигъуэм кӀэрылъэдауэ Игнат пхъэр къызэрыкӀэлъыкӀуэ гу лъитащ. Хэкур м.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ПӀейтеиныгъэ, зэрызехьэ, зэхэзэрыхьа.
ЗэӀущӀэм къыщыхъуа хьэрийкурийр куэдрэ ягъэхъыбарами, ящыгъупщэжащ, Мусэ къуэ къыхуалъхуауэ кхъуейплъыжькӀэрыщӀэ ищӀу зэхахат къуажэми, абы нэхъ тепсэлъыхьырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 95
+2 örnek
Абдежым уэрамым хьэрийкуриишхуэ къыщыхъу хъунти, зэрыгъэкӀий макъ къэӀуащ.— Лъапсэ, 92
Дунейр хьэрийкурийщи, я нэхъ губзыгъэм и акъылым зыри къитӀасэркъым.— Щынэхужьыкъуэ, 7
Kitapta geçtiği hali
ХЬЭРИЙКУРИЙ (12). ПӀейтеиныгъэ, зэрызехьэ, зэхэзэрыхьа. ЗэӀущӀэм къыщыхъуа хьэрийкурийр куэдрэ ягъэхъыбарами, ящыгъупщэжащ, Мусэ къуэ къыхуалъхуауэ кхъуейплъыжькӀэрыщӀэ ищӀу зэхахат къуажэми, абы нэхъ тепсэлъыхьырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 95. Абдежым уэрамым хьэрийкуриишхуэ къыщыхъу хъунти, зэрыгъэкӀий макъ къэӀуащ. Лъапсэ, 92. Дунейр хьэрийкурийщи, я нэхъ губзыгъэм и акъылым зыри къитӀасэркъым. Щынэхужьыкъуэ, 7.