хьэргъэшыргъэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Ӏэуэлъауэ, зэрыгъэкӀий.
рушум, гам
Зэпымууэ къэщӀэрэщӀэжурэ зыкъэзыӀэта хьэргъэшыргъэ инри еупӀэхыжащ.— ЩакӀуэ Талъостэн
2. Къейгъэ, къаугъэ.
рускандал
Зэкъуэшхэр бынунагъуэшхуэт, зэгурыӀуэртэкъым, я кум хьэргъэшыргъэр икӀыртэкъым.— КӀэрашэ Тембот
Bu maddedeki ifadeler (1)
хьэргъэшыргъэ къэӀэтын
ру1) поднять шум 2) устроить скандал.
Kitapta geçtiği hali
хьэргъэшыргъэ 1. шум, гам / Ӏэуэлъауэ, зэрыгъэкӀий. * Зэпымууэ къэщӀэрэщӀэжурэ зыкъэзыӀэта хьэргъэшыргъэ инри еупӀэхыжащ. Щ. Т. 2. скандал / Къейгъэ, къаугъэ. * Зэкъуэшхэр бынунагъуэшхуэт, зэгурыӀуэртэкъым, я кум хьэргъэшыргъэр икӀыртэкъым. КӀ. Т. Хьэргъэшыргъэ къэӀэтын 1) поднять шум 2) устроить скандал.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Ӏэуэлъауэ, зэрыгъэкӀий.
ЦӀыхур къызэщыури, хьэргъэшыргъэ къэхъуащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 659
+2 örnek
Елдар, и губжьыр щхьэщыкӀ хуэдэ хъуати, и фэр нэхъ къихьэжащ, арщхьэкӀэ Дисэхэ я пщӀантӀэм хьэргъэшыргъэшхуэ къыщыхъеящ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 135
Бэзэрым тетхэри хьэргъэшыргъэ мэхъу: «ЖысӀатэкъэ, хьэжыгъэ дыгъуащ ар, жысӀэри!».— МелыӀыч, 471
Deyimler (1)
хьэргъэшыргъэ къэӀэтын
Псалъэмакъ, зэрыгъэкӀий къэгъэхъеин.
Жасы нэмэз щӀыгъуэ хъуауэ къыщӀэкӀынтэкъым хьэргъэшыргъэшхуэ къыщаӀэтам— ХьэщӀэ лъапӀэ, 405
+2 örnek
Инали къищӀащ къэхъуар, арщхьэкӀэ хьэргъэшыргъэ къиӀэтыну идакъым: – Фызэрыземыхьэ абы щхьэкӀэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 597
[Фэуаз шейхъым жриӀэу:] Фи цӀыхум хьэргъэшыргъэ къаӀэту, зэрыгъэкӀий сыту зэхэтыху, сэ гъусэ къысхуэщӀ нэхъ уи дзыхь зэбгъэзым ящыщу зыплӀытху хуэдиз, я нэкӀур пхауэ— ХьэщӀэ лъапӀэ, 405
Kitapta geçtiği hali
ХЬЭРГЪЭШЫРГЪЭ (9). Ӏэуэлъауэ, зэрыгъэкӀий. ЦӀыхур къызэщыури, хьэргъэшыргъэ къэхъуащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 659. Елдар, и губжьыр щхьэщыкӀ хуэдэ хъуати, и фэр нэхъ къихьэжащ, арщхьэкӀэ Дисэхэ я пщӀантӀэм хьэргъэшыргъэшхуэ къыщыхъеящ. Хъуэпсэгъуэ нур, 135. Бэзэрым тетхэри хьэргъэшыргъэ мэхъу: «ЖысӀатэкъэ, хьэжыгъэ дыгъуащ ар, жысӀэри!». МелыӀыч, 471. ◊ Хьэргъэшыргъэ къэӀэтын (3). Псалъэмакъ, зэрыгъэкӀий къэгъэхъеин. Жасы нэмэз щӀыгъуэ хъуауэ къыщӀэкӀынтэкъым хьэргъэшыргъэшхуэ къыщаӀэтам. ХьэщӀэ лъапӀэ, 405. Инали къищӀащ къэхъуар, арщхьэкӀэ хьэргъэшыргъэ къиӀэтыну идакъым: – Фызэрыземыхьэ абы щхьэкӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 597. [Фэуаз шейхъым жриӀэу:] Фи цӀыхум хьэргъэшыргъэ къаӀэту, зэрыгъэкӀий сыту зэхэтыху, сэ гъусэ къысхуэщӀ нэхъ уи дзыхь зэбгъэзым ящыщу зыплӀытху хуэдиз, я нэкӀур пхауэ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 405.