хьэлэч хъун
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
хьэлэч
Зэрыщытын хуейм Ӏей и лъэныкъуэкӀэ хуабжьу къыщхьэщыкӀ (п.п. удын къызэрытехуа, фӀей зэрыхъуа с. ху. къыхэкӀыу).
ПӀэ зыхэлъри хьэлэчт, фызыр къыхэпхрэ нэгъуэщӀ щӀыпӀэ щыбгъэгъуэлъу зыхэлъар умыгъэкъабзэу хъунутэкъым.— ГущӀэгъу, 422
+2 örnek
Модрейми [комендантым] игу иримыхьу къэнэнт, гуфӀэжу тӀысри шырыкъужьитӀ хьэлэчыр зыщитхъри сэ къыхуэсхьар зыщикъуащ.— МелыӀыч, 463
Колхоз жыг хадэ хьэлэчт, борэн къэхъуу зэхифыщӀа хуэдэу.— Нал къута, 286
Deyimler (5)
хьэлэч зэрыгъэхъун
ЛъэныкъуитӀ зэпэувар Ӏисраф зэрыгъэхъун, куэд хэкӀуэдэн.
Кърым хъаным икӀэщӀыпӀэкӀэ дзэ къигъэкӀуащ, абы зауэ къикӀри хьэлэч зэрыгъэхъуу хуежьащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 617
+1 örnek
Ӏэжьэгъуи сыти ямыӀэу къуажэр хьэлэч зэрыгъэхъуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 60
хьэлэч зэтехъуэн
Куэдым лей къащыщӀын, къатехьэн.
Сабий къомри хьэлэч зэтехъуащи, уӀэгъэ хъуари, гужьеяуэ гъыри, иукӀыпари къыпхуэщӀэркъым.— Нал къута, 214
хьэлэч хъун
Зыгуэрым лей къытехьэн.
Астемыр ар зэхихи хуэдэт, арщхьэкӀэ зимыщӀэжу щылът, и куэ ижьри и блыпкъри уӀэгъэ хъуауэ, лъы къыщӀэжа къомыр и щыгъыным зыщӀафарэ хьэлэч хъуауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 170
+1 örnek
Зырызу итыр мэхъу хьэлэчи, Жыг зэлъэӀэсхэр къызэтонэ.— БжеитӀ. «Дамыгъэ», 104
хьэлэч щӀын
Зыгуэрым лей къыщыгъэщӀын, ехын.
И нэхъыбитӀым жэщурэ фӀэкӀ кӀуэ хъуакъым, нэмыцэм шы къомыр шуудзэу къафӀэщӀырти, авиацэр къраутӀыпщырти, шыр бомбэм хьэлэч ищӀырт— Нал къута, 268
+2 örnek
Къалэм щыдэлъадэм бий я танкым, бронетранспортерым хьэлэч къащӀу щыхуежьами къикӀуэтакъым— Лыгъэ, 411
Аращ вэсмахуэ хьэлэч дызыщӀар.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 405
хьэлэчыр и махуэу
Зыгуэр Ӏей дыдэу (фӀей хъун).
Зепщыпщэурэ, хьэлэчыр и махуэу зиуцӀэпыжащ, ишхыни псы зэфэни имыӀэу.— ГущӀэгъу, 426
Kitapta geçtiği hali
ХЬЭЛЭЧ (7). плъыф. Зэрыщытын хуейм Ӏей и лъэныкъуэкӀэ хуабжьу къыщхьэщыкӀ (п.п. удын къызэрытехуа, фӀей зэрыхъуа с. ху. къыхэкӀыу). ПӀэ зыхэлъри хьэлэчт, фызыр къыхэпхрэ нэгъуэщӀ щӀыпӀэ щыбгъэгъуэлъу зыхэлъар умыгъэкъабзэу хъунутэкъым. ГущӀэгъу, 422. Модрейми [комендантым] игу иримыхьу къэнэнт, гуфӀэжу тӀысри шырыкъужьитӀ хьэлэчыр зыщитхъри сэ къыхуэсхьар зыщикъуащ. МелыӀыч, 463. Колхоз жыг хадэ хьэлэчт, борэн къэхъуу зэхифыщӀа хуэдэу. Нал къута, 286. ◊ Хьэлэч зэрыгъэхъун (2). ЛъэныкъуитӀ зэпэувар Ӏисраф зэрыгъэхъун, куэд хэкӀуэдэн. Кърым хъаным икӀэщӀыпӀэкӀэ дзэ къигъэкӀуащ, абы зауэ къикӀри хьэлэч зэрыгъэхъуу хуежьащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 617. Ӏэжьэгъуи сыти ямыӀэу къуажэр хьэлэч зэрыгъэхъуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 60. Хьэлэч зэтехъуэн (1). Куэдым лей къащыщӀын, къатехьэн. Сабий къомри хьэлэч зэтехъуащи, уӀэгъэ хъуари, гужьеяуэ гъыри, иукӀыпари къыпхуэщӀэркъым. Нал къута, 214. Хьэлэч хъун (2). Зыгуэрым лей къытехьэн. Астемыр ар зэхихи хуэдэт, арщхьэкӀэ зимыщӀэжу щылът, и куэ ижьри и блыпкъри уӀэгъэ хъуауэ, лъы къыщӀэжа къомыр и щыгъыным зыщӀафарэ хьэлэч хъуауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 170. Зырызу итыр мэхъу хьэлэчи, Жыг зэлъэӀэсхэр къызэтонэ. БжеитӀ. «Дамыгъэ», 104. Хьэлэч щӀын (6). Зыгуэрым лей къыщыгъэщӀын, ехын. И нэхъыбитӀым жэщурэ фӀэкӀ кӀуэ хъуакъым, нэмыцэм шы къомыр шуудзэу къафӀэщӀырти, авиацэр къраутӀыпщырти, шыр бомбэм хьэлэч ищӀырт. Нал къута, 268. Къалэм щыдэлъадэм бий я танкым, бронетранспортерым хьэлэч къащӀу щыхуежьами къикӀуэтакъым. Лыгъэ, 411. Аращ вэсмахуэ хьэлэч дызыщӀар. ХьэщӀэ лъапӀэ, 405. Хьэлэчыр и махуэу (1). Зыгуэр Ӏей дыдэу (фӀей хъун). Зепщыпщэурэ, хьэлэчыр и махуэу зиуцӀэпыжащ, ишхыни псы зэфэни имыӀэу. ГущӀэгъу, 426.