хьэлэбэлыкъ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Зэрызехьэ, зэрыхьзэрий.
русуматоха, неразбериха
Къуажэм къыдэхутэу бзэхыжа щынэ хужь цӀыкӀум хьэлэбэлыкъ ин яхилъхьат цӀыхухэм.— ХьэхъупащӀэ Амырхъан
2. Зэрышх, зэщыхьэ, зэхэуэ.
рудрязги
Махуэ щӀагъуэ дэкӀыртэкъым Кавказ линием хьэлэбэлыкъ къыщымыхъуу.— Шортэн Аскэрбий
Bu maddedeki ifadeler (1)
хьэлэбэлыкъ къэӀэтын
руподнять шум.
Офицерым къиӀэта хьэлэбэлыкъым и кӀэр ӀейкӀэ иухыну къыщӀэкӀынт, а дакъикъэм абы тхылъ пӀэщӀэгъуэ къылъэмыӀэсамэ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
Kitapta geçtiği hali
хьэлэбэлыкъ 1. суматоха, неразбериха / Зэрызехьэ, зэрыхьзэрий. * Къуажэм къыдэхутэу бзэхыжа щынэ хужь цӀыкӀум хьэлэбэлыкъ ин яхилъхьат цӀыхухэм. Хь. А. 2. дрязги / Зэрышх, зэщыхьэ, зэхэуэ. * Махуэ щӀагъуэ дэкӀыртэкъым Кавказ линием хьэлэбэлыкъ къыщымыхъуу. Ш. А. Хьэлэбэлыкъ къэӀэтын поднять шум. * Офицерым къиӀэта хьэлэбэлыкъым и кӀэр ӀейкӀэ иухыну къыщӀэкӀынт, а дакъикъэм абы тхылъ пӀэщӀэгъуэ къылъэмыӀэсамэ. Къ. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Зэрызехьэ, зэрыхьзэрий.
Ликбез пунктым укӀуэмэ, къуажэ зэӀущӀэщ, жыпӀэнт, апхуэдизкӀэ цӀыхур хьэлэбэлыкъти.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 502
+2 örnek
УеупщӀами хьэлэбэлыкъ къэхъуам щыщу зыри зэхихатэкъым, Рахьим ар [МутӀэ] къимыгъэушыххэм нэхъыфӀу къилъытэрт, сыту жыпӀэмэ, щыхьэт щымыӀэмэ, лафкӀэтетым дежкӀэ нэхъыфӀт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 139
Уэй, нэхъыжь щӀыжаӀэр нобэ хуэдэ махуэщ, жаӀэри лӀыжьхэм я деж мажэ, къызэрогъэбырсей, арщхьэкӀэ ЛӀыгъур игъэкӀуам Мэш яхэтт нэхъыжьыӀуэуи, хьэлэбэлыкъыр зэригъэзэхуэжащ— Лъапсэ, 116
2. Зэрышх, зэщыхьэ, зэхэуэ.
Дисэ хьэлэбэлыкъ хэтыху, Рахьим и ӀитӀыр зэтелъу щысакъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 139
+2 örnek
Мыбы хуэдиз хьэлэбэлыкъ дыхэмыту мо къыткӀэщӀэтхыхьар сымаджэщ жыдвгъэӀи, тедвгъэгъэкӀ жаӀэри абыкӀэ зэгурыӀуати, абдежщ Аннэ Павловнэ къыхуей щӀэхъуар, арщхьэкӀэ дохутырым, сыт ямыщӀами, хэзэгъакъым.— Лъапсэ, 12
– Бэлыхькъым ар, фынакӀуэт, – жиӀащ Мусэ, хьэлэбэлыкъ къимыгъэхъун и мураду.— Хъуэпсэгъуэ нур, 103
Deyimler (2)
хьэлэбэлыкъ къэгъэхъеин
Зэрызехьэ, зэрыхьэзэрий къэгъэхъун.
– Нобэрей хьэлэбэлыкъыр къэзыгъэхъеям махуищкӀэ шхын пщтыр ирамытыну къуэды тызолъхьэ! – жиӀэрт афицарым, – мэжалӀэмэ, и къарур нэхъ мащӀэ хъунщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 175
хьэлэбэлыкъ къэгъэхъун
– Бэлыхькъым ар, фынакӀуэт, – жиӀащ Мусэ, хьэлэбэлыкъ къимыгъэхъун и мураду.— Хъуэпсэгъуэ нур, 103
Еплъ: хьэлэбэлыкъ къэгъэхъеин
Kitapta geçtiği hali
ХЬЭЛЭБЭЛЫКЪ (8). 1. (5). Зэрызехьэ, зэрыхьзэрий. Ликбез пунктым укӀуэмэ, къуажэ зэӀущӀэщ, жыпӀэнт, апхуэдизкӀэ цӀыхур хьэлэбэлыкъти. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 502. УеупщӀами хьэлэбэлыкъ къэхъуам щыщу зыри зэхихатэкъым, Рахьим ар [МутӀэ] къимыгъэушыххэм нэхъыфӀу къилъытэрт, сыту жыпӀэмэ, щыхьэт щымыӀэмэ, лафкӀэтетым дежкӀэ нэхъыфӀт. Хъуэпсэгъуэ нур, 139. Уэй, нэхъыжь щӀыжаӀэр нобэ хуэдэ махуэщ, жаӀэри лӀыжьхэм я деж мажэ, къызэрогъэбырсей, арщхьэкӀэ ЛӀыгъур игъэкӀуам Мэш яхэтт нэхъыжьыӀуэуи, хьэлэбэлыкъыр зэригъэзэхуэжащ. Лъапсэ, 116. 2. (3). Зэрышх, зэщыхьэ, зэхэуэ. Дисэ хьэлэбэлыкъ хэтыху, Рахьим и ӀитӀыр зэтелъу щысакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 139. Мыбы хуэдиз хьэлэбэлыкъ дыхэмыту мо къыткӀэщӀэтхыхьар сымаджэщ жыдвгъэӀи, тедвгъэгъэкӀ жаӀэри абыкӀэ зэгурыӀуати, абдежщ Аннэ Павловнэ къыхуей щӀэхъуар, арщхьэкӀэ дохутырым, сыт ямыщӀами, хэзэгъакъым. Лъапсэ, 12. – Бэлыхькъым ар, фынакӀуэт, – жиӀащ Мусэ, хьэлэбэлыкъ къимыгъэхъун и мураду. Хъуэпсэгъуэ нур, 103. ◊ Хьэлэбэлыкъ къэгъэхъеин (1). Зэрызехьэ, зэрыхьэзэрий къэгъэхъун. – Нобэрей хьэлэбэлыкъыр къэзыгъэхъеям махуищкӀэ шхын пщтыр ирамытыну къуэды тызолъхьэ! – жиӀэрт афицарым, – мэжалӀэмэ, и къарур нэхъ мащӀэ хъунщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 175. Хьэлэбэлыкъ къэгъэхъун (1). Еплъ хьэлэбэлыкъ къэгъэхъеин. – Бэлыхькъым ар, фынакӀуэт, – жиӀащ Мусэ, хьэлэбэлыкъ къимыгъэхъун и мураду. Хъуэпсэгъуэ нур, 103.