хьэзырыпсу
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зыгуэрым куэд щӀауэ сыткӀи хуэхьэзыру.
[Дэфэрэдж Аннэ Павловнэ жриӀэу:] Нобэ ещанэ мэхъури сыотпускщ, сежьэну си хьисэпу хьэзырыпсу си хьэпшыпым сытесу сыщысщ.— Лъапсэ, 7
+2 örnek
Рахьим игу плъыжьыжьыр куэбжэм деж щытынущ хьэзырыпсу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 143
Езым [Апчарэ] пэгун къищтэщ, лэпс къавэм щыщ из ищӀри иувыкӀыжащ, унэм къыщӀыхьэм ятрикӀэну хьэзырыпсу.— Щынэхужьыкъуэ, 66
Kitapta geçtiği hali
ХЬЭЗЫРЫПСУ (4). нареч. Зыгуэрым куэд щӀауэ сыткӀи хуэхьэзыру. [Дэфэрэдж Аннэ Павловнэ жриӀэу:] Нобэ ещанэ мэхъури сыотпускщ, сежьэну си хьисэпу хьэзырыпсу си хьэпшыпым сытесу сыщысщ. Лъапсэ, 7. Рахьим игу плъыжьыжьыр куэбжэм деж щытынущ хьэзырыпсу. Хъуэпсэгъуэ нур, 143. Езым [Апчарэ] пэгун къищтэщ, лэпс къавэм щыщ из ищӀри иувыкӀыжащ, унэм къыщӀыхьэм ятрикӀэну хьэзырыпсу. Щынэхужьыкъуэ, 66.