хьэдагъэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

ЦӀыху лӀар зарагъей хабзэ.

руобряд оплакивания покойника; плач по покойнику

Bu maddedeki ifadeler (3)

Хьэдагъэ кӀуэн!

рукуда он денется!

Хьэдагъэ кӀуэн, къэкӀуэжынщ, умыгузавэ.— КӀыщокъуэ Алим

хьэдагъэ тещӀэн

руоплакивать кого-л.

хьэдагъэ щӀын

руплакать, горевать, проливать слезы.

Kitapta geçtiği hali

хьэдагъэ обряд оплакивания покойника; плач по покойнику / ЦӀыху лӀар зарагъей хабзэ. Хьэдагъэ кӀуэн! куда он денется! * Хьэдагъэ кӀуэн, къэкӀуэжынщ, умыгузавэ. КӀ. А. Хьэдагъэ тещӀэн оплакивать кого-л. Хьэдагъэ щӀын плакать, горевать, проливать слезы.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

ЦӀыху лӀар зарагъей хабзэ. -131.

АрщхьэкӀэ дэнэ – лӀыжьхэм я нэмэзыбзэр Алыхьым зэхимыхарэ е нэгъуэщӀ, мэжджытым бомбэ къытехуэри, блын зэхигъэщэщам и щӀагъым хьэдэ плӀыщӀ къыщӀахыжащи, жылэм я хьэдагъэщ.— Нал къута, 223

+2 örnek

ХьэдэӀусу къызэхуахьэсам дыуэ тращӀэри хьэдэ щӀэзылъхьахэм, хьэдагъэ къэкӀуахэм ирагъэшхащ.— Лъапсэ, 108

Фызхэр хьэдагъэ кӀуэмэ, зэрынэсу гъын къыщӀадзэрэ, я нэпс къыщӀэкӀми къыщӀэмыкӀми, тӀэкӀу къугъмэ, махуэ ныкъуэкӀэ убэу зэхэст, Дисэ абы яхэхуамэ, си Ӏуэху и ужь ситыжмэ нэхъыфӀщ, жиӀэрти икӀэщӀыпӀэкӀэ къэкӀуэжырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 130

Deyimler (1)

хьэдагъэ кӀуэн

Сыт ищӀэн, дэнэ кӀуэн, хэкӀыпӀэ иӀэкъым. -524.

[ЩӀалэ цӀыкӀухэр зопсалъэ:] – НытӀэ и анэм игъашхэркъым, хьэдагъэ кӀуэн.— Хъуэпсэгъуэ нур, 153

+1 örnek

«Иныжьхэм» ящыщ гуэрым къыжьэдэхуащ: – НтӀэ, хьэдагъэ кӀуэн: Бахъсэн событэм хэтащ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 523

Kitapta geçtiği hali

ХЬЭДАГЪЭ (15). ЦӀыху лӀар зарагъей хабзэ. АрщхьэкӀэ дэнэ – лӀыжьхэм я нэмэзыбзэр Алыхьым зэхимыхарэ е нэгъуэщӀ, мэжджытым бомбэ къытехуэри, блын зэхигъэщэщам и щӀагъым хьэдэ плӀыщӀ къыщӀахыжащи, жылэм я хьэдагъэщ. Нал къута, 223. ХьэдэӀусу къызэхуахьэсам дыуэ тращӀэри хьэдэ щӀэзылъхьахэм, хьэдагъэ къэкӀуахэм ирагъэшхащ. Лъапсэ, 108. Фызхэр хьэдагъэ кӀуэмэ, зэрынэсу гъын къыщӀадзэрэ, я нэпс къыщӀэкӀми къыщӀэмыкӀми, тӀэкӀу къугъмэ, махуэ ныкъуэкӀэ убэу зэхэст, Дисэ абы яхэхуамэ, си Ӏуэху и ужь ситыжмэ нэхъыфӀщ, жиӀэрти икӀэщӀыпӀэкӀэ къэкӀуэжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 130-131. ◊ Хьэдагъэ кӀуэн (1). зэхь. Сыт ищӀэн, дэнэ кӀуэн, хэкӀыпӀэ иӀэкъым. [ЩӀалэ цӀыкӀухэр зопсалъэ:] – НытӀэ и анэм игъашхэркъым, хьэдагъэ кӀуэн. Хъуэпсэгъуэ нур, 153. «Иныжьхэм» ящыщ гуэрым къыжьэдэхуащ: – НтӀэ, хьэдагъэ кӀуэн: Бахъсэн событэм хэтащ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 523-524.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

ağıt

Düzeltme Öner

хьэдагъэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.