хьэбыршыбыр
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Зыхуэмеиж, мыхьэнэ зимыӀэж хьэпшыпыжь.
рутряпье, барахло
Хьэбыршыбыр куэд зелъэфэн.
2. ЦӀыху икӀэ, цӀыху бзаджэ.
румерзавец, подлец
Хьэбыршыбыру къыщӀэкӀын. ЦӀыху хьэбыршыбыр.
Kitapta geçtiği hali
хьэбыршыбыр 1. тряпье, барахло / Зыхуэмеиж, мыхьэнэ зимыӀэж хьэпшыпыжь. Хьэбыршыбыр куэд зелъэфэн. 2. переносное пренебреж. сл. мерзавец, подлец / ЦӀыху икӀэ, цӀыху бзаджэ. Хьэбыршыбыру къыщӀэкӀын. ЦӀыху хьэбыршыбыр.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Зыхуэмеиж, мыхьэнэ зимыӀэж щыгъын.
ЛӀыгъур нысашэм хигъэтыну щӀалэхэми къагупсысащ убых шу гъусэу нысащӀэм къыдэкӀуэр дэкум хуэдэу къагъэпцӀэнуи, я щыгъын хьэбыршыбыру куэд лъандэрэ хыфӀадзэжар къыдалъэфыжу зыщӀатӀэгъэну.— Лъапсэ, 115
2. ЦӀыху икӀэ, цӀыху бзаджэ.
А хьэбыршыбырым [поварым] и ныбэр къигъэун хуейщ, – жаӀэу зэрыгъэкӀийрт псори.— Хъуэпсэгъуэ нур, 173
+2 örnek
Ар щызэхихым, Локотош къыщылъэтащ: – Хьэбыршыбыр!— Нал къута, 273
Хьэбыршыбырым къыхэкӀари Хьэбыршыбырым хыхьэжынщ— Усищ. «Вагъуэ махуэ», 35
3. Псалъэмакъ, хъыбар Ӏей, мыфэмыц.
Хъыбар хьэбыршыбырыр фи фӀэщ фымыщӀ, пцӀы гъущэщ ар жызыӀэу зырыз щыӀами, пабжьэм хэлъэдэжащ.— Лъапсэ, 84
Kitapta geçtiği hali
ХЬЭБЫРШЫБЫР (10). 1. (1). Зыхуэмеиж, мыхьэнэ зимыӀэж щыгъын. ЛӀыгъур нысашэм хигъэтыну щӀалэхэми къагупсысащ убых шу гъусэу нысащӀэм къыдэкӀуэр дэкум хуэдэу къагъэпцӀэнуи, я щыгъын хьэбыршыбыру куэд лъандэрэ хыфӀадзэжар къыдалъэфыжу зыщӀатӀэгъэну. Лъапсэ, 115. 2. (8). зэхь. ЦӀыху икӀэ, цӀыху бзаджэ. А хьэбыршыбырым [поварым] и ныбэр къигъэун хуейщ, – жаӀэу зэрыгъэкӀийрт псори. Хъуэпсэгъуэ нур, 173. Ар щызэхихым, Локотош къыщылъэтащ: – Хьэбыршыбыр! Нал къута, 273. Хьэбыршыбырым къыхэкӀари Хьэбыршыбырым хыхьэжынщ. Усищ. «Вагъуэ махуэ», 35. 3. (1). зэхь. Псалъэмакъ, хъыбар Ӏей, мыфэмыц. Хъыбар хьэбыршыбырыр фи фӀэщ фымыщӀ, пцӀы гъущэщ ар жызыӀэу зырыз щыӀами, пабжьэм хэлъэдэжащ. Лъапсэ, 84.